Иджыпсту щыщIэдзауэ

ШыщхьэуIум и пэщIэдзэм къэгъагъэ губгъуэжыхапхъэр, дыхуей-дыхуэмейми, тщIыгъунущ жэпуэгъуэр къэсыху.
«Кавказ Ищхъэрэ МВЛ» къэрал IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм карантин къэпщытэныгъэхэмрэ жылапхъэхэм якIэлъыплъынымкIэ и къудамэм и щIэныгъэлIхэм илъэс къэс иджы хуэдэ зэманым ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, а удз ежьужьыр мэкъумэшым зэранышхуэ хуэхъухэм ящыщ зыщ: псырэ сэбэп пкъыгъуэу щIым хэлъыр, адрей къэкIыгъэхэм ялъимыгъэсу, езым и закъуэ къыщIефыкI, къэувыIэ имыIэу мэбагъуэ, цIыху куэдым аллергие узымкIэ йогуауэ.
А удзыжьым ринит, конъюнктивит, щхьэ узхэр, щIыфэ къилъэлъыр къыдохъей. СыткIи ар цIыхухэм зыхамыщIэнрэ, абы и зы къудамэм къыпих жылэ мин 40-р хьэуам хэту километрипщI бжыгъэкIэрэ щызэбгрихкIэ. ЖылэкIэ багъуэ удзыр накъыгъэ-мэкъуауэгъуэ мазэхэм щIым къыхокI. ЗэрыжытIащи, зэраныгъэ псори къызыхэкI и гъэгъахэр мазитIым нэскIэ къудамэм пиIыгъэщ, хьэуа дызэрыбауэм хиутIыпщхьэ зэпыту.
ЩIэныгъэлIхэм зытрагъэчыныхьращи, абы уебэнын папщIэ, гъэ къэс удзым и лъабжьэр и гъусэу къичын, губгъуэхэм агротехникэ лэжьыгъэхэр и чэзум щегъэкIуэкIын хуейщ. 
 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: