Сыт Iэпхъуамбэхэм къарыкIыр?

ЦIыхум и Iэпкълъэпкъыр телъыджэу зэхэлъщ. Iэпхъуамбэхэм я гугъу тщIымэ, абы теухуауэ къахутахэри гъэщIэгъуэнщ. Iэпкълъэпкъым щыщу Iэпхъуамбэхэр нэхъ зыгуэр зыхэзыщIэхэм ящыщщ. 
Лъыр къыщапщытэнум деж, зэрытщIэщи, ар къыхаш Iэпхъуамбэ цIэншэм. А Iэпхъумбэм и фэр мыдрейхэм ейм нэхърэ нэхъ пIащIэщ, цIыхум IэкIэ ищIэ лэжьыгъэм апхуэдэу куэдрэ хэлэжьыхьыркъыми. Аращ и щхьэусыгъуэр. 
Къару нэхъыбэ дыдэ яхэлъщ Iэпхъуамбапщэм, курытым, цIэншэм. И Iэпхъуамбэхэр къэмыгъэшауэ цIыху балигъым иIыгъыфынущ хьэлъагъыу килограмм 55-рэ. Iэпхъуамбэхэр къэгъэшамэ, нэхъыбэж хуэгъэкъаруунущ. 
Iэпхъуамбэ цIэншэм фIэщыгъэ зэхуэмыдэхэр иIэщ. Европэм, псалъэм щхьэкIэ, абы ироджэ Iэлъын зэрылъкIэ. 
Iэпхъуамбэшхуэр лъынтхуибгъум зэрагъакIуэ. А лъынтхуибгъур Iэм и псантхуэ лIэужьыгъуищым елъытыжащ. Лъэпкъ къэс Iэпхъуамбэшхуэм зэреджэр гъэщIэгъуэнщ. Псалъэм папщIэ, Малим абы щоджэ къуэш нэхъыжькIэ, Индием щыфIащащ Iэпхъуамбэ – анэ, Сомали – адэшхуэ. Iэпхъуамбэшхуэм и къупщхьэ зэрытыпIэхэм куэд къыбжаIэнущ ар зейм и хьэл-щэным теухуауэ. А Iэпхъуамбэм и щхьэ дыдэмкIэ хэлъ къупщхьэм къегъэлъагъуэ цIыхум и бэшэчагъыр. ЕтIанэм акъылыр зыхуэдизыр елъытащ. Ещанэм къигъэлъагъуэр цIыхум и дуней зыхэщIэкIэрщ, аращ гухэлъ Iуэхухэр нэхъ зэлъытар. Япэ, етIуанэ къупщхьэ зэрытыпIэхэм я зэхуакум щыIэ лъынтхуэ зэрыдзам къегъэлъагъуэ цIыхум щхьэхуитыныгъэр зэрыфIэфIыр зыхуэдизыр. 
ЦIыхухэм яхэтщ адрей Iэпхъуамбэхэр къамыгъэшу, зи Iэпхъуамбэ жьакIэр тыншу зыхуэгъэхъей. Абыхэм Тхьэр зэфIэкI телъыджэ зэхуэмыдэкIэ къахуэупсауэ ябж. 
ЩIэныгъэлIхэм къабжащ цIыхум и Iэпхъуамбэ къэс и гъащIэм къриубыдэу, хуэгъэфэщауэ, мелуан 25-рэ хуэдизкIэ щIигъашэу. 
ЦIыхум и IэпапIэхэри телъыджэщ – зэщхьу тIу щыIэнкIэ Iэмал иIэкъым. ЗыщIыпIэ деж къытрана IэпапIэхэр зэхэтщ псы, дагъэ, белок, шыгъуу. Уеблэмэ IэпапIэм хьэлъагъи иIэщ – граммым и зы мелуан Iыхьэ хуэдиз. 
ЦIыхум и Iэпхъуамбэхэм щIэныгъэ лэжьыгъэ куэд траухуащ. Канадэм и щIэныгъэлIхэм къапщытащ Iэпхъуамбапщэмрэ Iэпхъуамбэ цIэншэмрэ я кIыхьагъым цIыхур къызэрыгубжьыфынкIэ хъунур зыхуэдизыр елъытауэ. ЦIыхухъум и апхуэдэ IэпхъуамбитIыр нэхъ кIыхьыху нэхъ ткIийуэ жаIэ. 

 

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: