ЩIыналъэм зрагъэужьынущ

 Бахъсэн къалэм Шыкуэм и цIэр зезыхьэ и уэрамым къыщызэIуахащ «Псы хущхъуэхэм я ауз» («Долина нарзанов») турист комплексым и хэщIапIэ нэхъыщхьэ. Иджырей мардэхэм тету а щIыпIэм зегъэужьыным телэжьэну офисыр Бахъсэн къалэм къыщIыщызэIуахам и щхьэусыгъуэр республикэм и щIыналъэ псоми укъикIыу абы тыншу узэрыкIуэрщ - абдежым щызэблокI къэрал гъуэгу нэхъыщхьэу тIу.
Iуащхьэмахуэ и Ищхъэрэ джабэм хуэзэ а щIыпIэр нэхъ дахэхэм зэрыхабжэм къищынэмыщIауэ, абы псы хущхъуэ лIэужьыгъуэу 20-м нэс къыщыщIож. Аращ а удзыпцIэ тафэм туристхэр щэ бжыгъэкIэрэ щIэкIуэр. КъищынэмыщIауэ, «Псы хущхъуэхэм я аузым» игъуэт зыужьыныгъэм куэдкIэ елъытащ а щIыпIэм щыIэ, щIы щIагъымкIэ псы къызыхэмылъадэ гуэл телъыджэхэм я къэкIуэнури.
Зи гугъу ящI щIыпIэр хеубыдэ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и бгылъэ щIыпIэхэр» фIэщыгъэм щIэту ди республикэм щыпхаш лъэс гъуэгухэм. Абы теухуауэ къызэрагъэпэща кIэлъыплъакIуэ гупым хэтхэм иджыблагъэ а бгылъэхэр къызэхакIухьащ, щытыкIэр зрагъэщIэн мурадкIэ. Абы папщIэ зэпачын хуей хъуащ Iуащхьэмахуэ, Дзэлыкъуэ щIыналъэхэр зэпызыщIэ гъуэгухэр, Былым къуажэм къыщыщIэдзауэ Джылы-Су щхьэдэхыпIэм нэсыху. Абы икIри, пасэрей лъэс лъагъуэжьым тету, ахэр Къэнжал бгым дэкIащ.
 Апхуэдэ зекIуэм и фIыгъэкIэ комиссэм хэтхэм ягъэбелджылащ транспорт гъэувыпIэхэр, зыплъыхьыпIэ утыкухэр щаухуэну, абыхэм екIуалIэ гъуэгухэр къэзыгъэлъагъуэ дамыгъэхэр здагъэувыну щIыпIэхэр.
ХэщIапIэр къызэIухыным ехьэлIауэ къызэрагъэпэща дауэдапщэхэм хэтащ Къэбэрдей- Балъкъэрым курортхэмрэ зыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат, Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим сымэ. Ахэр тепсэлъыхьащ Бахъсэн щIыналъэм и зыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэм я мыхьэнэмрэ ахэр турист кIуапIэ хъун папщIэ абыхэм ягъуэтын хуей зэхъуэкIыныгъэхэмрэ зыужьыныгъэмрэ. ЗэIущIэр ягъэдэхащ бгырысхэм пасэ зэман лъандэрэ къадекIуэкIа хьэпшыпхэм я гъэлъэгъуэныгъэм, лъэпкъ къафэхэмрэ макъамэхэмрэ.
Республикэпсо мыхьэнэ зиIэ хэщIапIэ къызэгъэпэщын зэрыхуеймкIэ жэрдэмыр къызыбгъэдэкIар Бахъсэн къалэм щыщ Ажахъуэ Хьэсэнбийщ, абы теухуа пэхуэщIэм и унэтIакIуэр Мызэуш Муратщ.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: