Илъэси 4 тралъхьащ

Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм коррупцэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къызэпаудащ Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм  и къудамэм и IэщIагъэлIым зэрихьэ щIэпхъаджагъэр. КъызэрыщIагъэщамкIэ, ар пыщIащ дагъэ-гъэсыныпхъэхэр зэхэдыгъуным. Абы кърикIуащ сом мелуан 1,9-м щIигъу хэщIыныгъэ. 
КъБР-м и Налшык къалэ судым и унафэ къару зыгъуэтам ипкъ иткIэ Рассохэ С.М. къуаншэу къалъытащ УФ-м и УК-м и 160-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр илэжьауэ. Абы илъэси 4 тралъхьащ къызэрыгуэкI колонием щигъэкIуэну. 
Поделиться: