Нэхъри ирагъэфIакIуэ

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» къэрал программэм ипкъ иткIэ Эльбрус (Iуащхьэмахуэкъуэ) щIыналъэм хыхьэ щIыпIищым гъуэгухэр щызэрагъэпэщыжынущ. Эльбрус къуажэм хиубыдэ гъуэгухэр, Бахъсэныщхьэ къуажэм кIуэцIрыкI уэрам нэхъыщхьэр, зыплъыхьакIуэхэмрэ бгылъэрызекIуэхэмрэ я къэувыIэпIэ-зыгъэпсэхупIэу щыт, «Жан-Тыгъуэн» зи фIэщыгъэ увыгъэм екIуалIэ гъуэгухэм яIэ щыщIэныгъэхэр иужьрей дыдэу зэрызэрагъэзэхуэжрэ илъэсипщI дэкIащ. Иджыпсту а уэрамхэм лъэсу ущызекIуэнри машинэкIэ ущызэхэзежэнри шынагъуэ хъуащ.
Гъуэгуухуэхэм зэрыжаIэмкIэ, километрих зи кIыхьагъ гъуэгухэм иращIылIэну лэжьыгъэр IыхьитIу зэхэтщ. Зы гъуэгу Iыхьэр къуажэхэм дэт IуэхущIапIэхэм йокIуалIэ, адрей къэна Iыхьэм зэпыу имыIэу цIыхухэмрэ машинэхэмрэ щызэхэзекIуэ щIыпIэхэм уарешалIэ. Мы зэманым ирихьэлIэу къуажэ уэрамхэм телъ асфальт къилъэлъар трахри, щIэ тралъхьащ. Бгылъэ щIыпIэхэм псыIагъэр зэраIыгъым, бгы джабэхэм мывэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэрырихьэхым къыхэкIыу, гъуэгубгъухэр гъэбыдэным мыхьэнэшхуэ яIэщ. Нэхъ бгъуэ ящIа гъуэгухэм я гъунитIыр щIыпIэхэм къыщыщIах ятIагъуэмрэ геотекстил зэхэлъкIэ ягъэбыдэнущ. Апхуэдэу гъуэгум ирикIуэ турхэр къыхалыкIыжынущ, гъуэгу бгъуитIым лъэс лъагъуэр щаукъуэдиинущ, зэпрыкIыпIэхэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхуэфащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщынущ, зекIуэкIэ хабзэхэр къэзыгъэлъагъуэ гъуазэхэр гъуэгущхьэхэм трагъэувэнущ.
Мысыхьэтым Iуащхьэмахуэ щIыналъэм километриплI зи кIыхьагъ гъуэгухэм епха лэжьыгъэхэр щызэфIахащ.
Къыхэгъэщын хуейщ дызытехьэ илъэсыщIэм Бахъсэныщхьэ къуажэм и уэрамхэм ящыщу километриплI зи кIыхьагъ гъуэгур зэрагъэпэщыжын хуейуэ лэжьакIуэхэм къазэрыпэщылъыр. А уэрамхэм тетщ цIыхухэр нэхъыбэу зэкIуалIэ IуэхущIапIэхэр: сабий гъэсапIэхэр, курыт еджапIэр, сымаджэщыр, мэжджытыр.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:

Читать также: