Мэзыр къагъэщIэрэщIэжащ

ЦIыхум ижь-ижьыж лъандэрэ мэзыр ирех. Ауэ, иужьрей зэманым ар апхуэдизкIэ щIыуэпсым йогуэуэщхьэуэри, зыхэпсэукI дунейм ирих лейр щIэхфэх хуэгъэнщIыжынкIэ ущымыгугъми хъунущ. Ар къызыгурыIуэу, Iуэхур ягъэзэкIуэжыну пэрыувэхэри щыIэщ, ди гуапэ зэрыхъунщи. Апхуэдэщ жыг мелуани 4-м щIигъу хэзыса, Бразилием щыпсэу зэщхьэгъуситIыр.

Сурэттех Сальгадэ Себастьянрэ абы и щхьэгъусэ Делуиз Ваник Лелиерэ дунейм цIыхуу тетымм щапхъэ дахэ яхуэхъуащ. 1990 гъэхэм фотожурналистикэмкIэ саугъэт лъагэ куэд къэзыхьэхуа сурэттех Iэзэм къыхуэмыIуэтэну и гум щIыхьат Бразилием и мэзхэр зэрыува тхьэмыщкIэгъуэр щилъэгъуам. Ауэ абы и щхьэгъусэм быдэу и фIэщ хъурт зэгуэр мэз Iувхэр зита, нэщI хъуа щIыпIэхэр къызэрыпхуэгъэщIэрэщIэжынур.

- Сэ а лъэхъэнэм хуабжьэу сысымаджэт, сызэхэкъутат. ЩIыри апхуэдэ дыдэт… Къыхэнэжа щыIэтэкъым. Ауэ щыхъум си щхьэгъусэм къыхилъхьащ жыг хисэну, нэхъапэм зэрыщытам хуэдэу къигъэбэтэжыну. ЦIыхухэм я фIэщ дыхъуртэкъым, ауэ япэ дыдэу хэтса жыгхэм зыщаIэтым мэз псэущхьэхэми, бзухэми, хьэпщхупщхэми, хьэпIацIэхэми къагъэзэжащ! Телъыджэщ, ауэ абы си узри дэкIуэтат. Абы нэхъыфIрэ нэхъ щхьэпэрэ игъащIэм злэжьакъым, - жеIэ Сальгадэм.

Зэщхьэгъусэхэм Instituto Terra зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщри, я гъащIэр щхьэузыхь зыхуащIа IуэхугъуэмкIэ къыдэIэпыкъуну гукъыдэж зиIэхэр кърашэлIащ. Абы лъандэрэ абыхэм хасащ жыг мелуани 4-м щIигъу.

- ЩIыуэпсым, дыщымысхьыжу, леишхуэ етхащ дэ. Хьэуари, щIыри, псыри сымаджэщ. Гъуэзрэ гын зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ куда хьэуар зыгъэкъабзэр зы закъуэщ - жыгхэм. Абыхэм уэгум ит гъуэзхэр зэщIашэри, лъышэ (кислород) къабзэ къаутIыпщыж. ЩIыуэпсыр дгъэкъэбзэжын папщIэ щIыналъэ къэс хуэлъэ къэкIыгъэхэмрэ жыгхэмрэ куэду хэсэн хуейщ. ИтIанэщ псэущхьэхэмрэ бзухэмрэ къыщагъэзэжынур, дунейр узыншэ щыхъужынур, - пещэ Себастьян.

 Сальгадэ зэщхьэгъусэхэм къызэрагъэпэщыжа мэз Iувым иджыпсту щIэсщ бзу лIэужьыгъуи 172-рэ, псэущхьэ лIэужьыгъуэу 22-рэ, къэкIыгъэу 293-рэ, хьэпщхупщу 30. КIэщIу жыпIэмэ, нэщIыпс хъуа щIыпIэр гъащIэкIэ ягъэнщIыжащ.

Ар цIыху мелуан бжыгъэхэм щапхъэ дахэ яхуэхъуащ икIи щIыуэпсыр пхузэрытегъэувэжынум и щыхьэтщ. Узыхуэныкъуэр зы закъуэщ - гукъыдэж.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: