Бахъсэн псыр къабзэу щытыным йолэжь

«Экология» проектым хыхьэ «Зихуэдэ щымыIэ псыхэр хъумэн» федеральнэ пэхуэщIым ипкъ итуйолэжь Iуащхьэмахуэ районым хиубыдэ Бахъсэн псы Iуфэр гъэкъэбзэным (Эльбрус жылэм щыщIэдзауэ Бахъсэн Ипщэ къуажэм нэсу). Iуэхур зи пщэ дэлъ КъБР-м «Дирекция по капстроительству природоохранных объектов» и къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, а лэжьыгъэм къызэщIеубыдэ псори зэхэту гектари 100-м нэблагъэ. Абы пэрыхьащ 2022 илъэсым икIи зэфIагъэкIыну я мурадщ 2024 гъэм.

Бахъсэн псым и щытыкIэр егъэфIэкIуэнымкIэ Iуэхур хуэунэтIащ а псым, абы къыхэлъадэхэм кърахьэхыу зэтрихьэ жыг лъабжьэхэр, къудамэхэр, н.къ къыхахыурэ километр13-м нэблагъэ зэщIэгъэкъэбзэным.

Лэжьыгъэр щрагъэкIуэкIкIэ зэран хуэхъункIэ Iэмал иIэкъым Тхылъ плъыжьым иратхахэмрэ къэкIыгъэхэмрэ.

2022 гъэм зэщIагъэкъэбзащ гектар 20-м щIигъу. 2023 гъэм Бахъсэн псы Iуфэхэр щагъэкъэбзэнущ абы Кубасанты псыр къыщыхэхуэм къыщыщIэдзауэ 2018 гъэм Бахъсэн Ипщэ жылагъуэм деж щызэтещэха лъэмыжым нэс ( гектар 42,65-м).

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: