Зэи ящыгъупщэнукъым

УсакIуэ Балъкъыз Батий Ахьмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 75-рэ ирикъуащ.

Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм 1948 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м къыщалъхуащ ар. 1967 гъэм къуажэ школыр къиухри, а гъэ дыдэм дзэм къулыкъу щищIэну ираджащ. Усыгъэм дихьэх щIалэм хуэфащэ щIэныгъэ зригъэгъуэтыну мурад ищIри, 1981 гъэм Горький Максим и цIэр зэрихьэу Москва дэт Литературэ институтым заочнэу щIэтIысхьащ икIи ар 1987 гъэм хъарзынэу къиухащ.

1991 гъэм щыщIэдзауэ Урысейм и ТхакIуэхэм я союзым хэтащ.

Балъкъыз Батий и усэхэр республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къытрадзэрт, уэрэдхэр къытращIыкIырт. Илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм абы и усэхэр щызэхуэхьэса тхылъитху «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкIащ. УсакIуэ-зэдзэкIакIуэ цIэрыIуэ Латынын Валерий игъэхьэзырурэ, ахэр «Молодая гвардия», «Аврора» жур­налхэм къытрадзащ, Кавказ Ищхъэрэм и иджырей усакIуэхэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Псэ зэIыхьлыхэм я вагъуэбэ» тхылъым 2017 гъэм хагъэхьащ. А гъэ дыдэм «Российский писатель» тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIащ Батий и усэхэр, балла­дэхэр, «Тхыдэм и гъуэгухэр» поэмэр щызэхуэхьэса «Псэм и нур» тхылъыр. 2018 гъэм Балъкъыз Батий «Урысейм и къыу хужьхэр» лъэпкъ литературэ фестивалым и лауреат хъуащ.

Батий урыс шашкэхэм хуэIэзэу, а спорт лIэужьыгъуэмкIэ мызэ-мытIэу чемпион хъуауэ щытащ.

Балъкъыз Батий 2020 гъэм мазаем и 13-м дунейм ехыжащ, и ныбжьыр илъэс 72-м иту. ЗэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъа а цIыху хьэлэмэтыр КъБР-м исхэм зэи ящыгъупщэнукъым.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: