Къат куэду зэтет унэ нэхъыфI

«Унэ нэхъыфI. ПщIантIэ нэхъыфI» фIэщыгъэм щIэт 2-нэ урысейпсо зэпеуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэ­жьащ.

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым къыхилъхьа зэпеуэмкIэ я мурадыр къат куэду зэтет унэхэм щыпсэухэм я зэдай мылъкум хуагъэсакъынырщ, яхь жэуаплыныгъэр зэхрагъэщIэнырщ. КъищынэмыщIауэ, апхуэдэ унэхэм щыпсэухэм яIэ хуитыныгъэр ягурыгъэIуэ­нымрэ къат куэду зэтет унэхэр зэрызрахьэнур зыубзыху хабзэщIэхэм жылагъуэр щыгъэ­гъуэзэнымкIэ щхьэпэщ мы Iуэхур. 
Зэпеуэм наIуэ къищIын хуейщ унэхэр зэпэщу зезы­хьэхэм къагъэсэбэп Iэмалхэр. Ар зи фIыщIэ цIыху жыджэрхэмрэ унэхэр зезыхьэ Iуэху­щIапIэ­хэмрэ я цIэ ираIуэнущ.
Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэщ «Урысей зэкъуэт» политикэ партыр, УФ-м Ухуэныгъэмрэ псэу­пIэ коммунальнэ хозяйствэмкIэ министерствэр, «Фонд развития территорий» компаниер, «ЖКХ Контроль» IуэхущIапIэр.
Зэпеуэр лIэужьыгъуэ зыбжанэу гуэшауэ щытынущ: «ПщIантIэ нэхъыфI», «Унэ зэрыIыгъ», «Унэ щIыхьэпIэ нэхъыфI», «Хуабэр, уэздыгъэр щызэрагъэзахуэ унэ». Къап­щытэнущ пщIантIэр зэ­ры­зэгъэпэщар, унэм щIэсхэм абы ирахьэлIа къарур, лъэпощхьэпо зрихьэлIэхэм зэгъусэу хэ­кIыпIэ къызэрыхуагъуэтыр, псэу­пIэм теухуауэ зыхурагъащIэ Iуэхутхьэбзэхэм текIуадэ ахъшэр зэрагъэмащIэ щIыкIэр къалъытэнущ. Мы зэпеуэм цIыху щхьэхуэхэри, IуэхущIапIэхэри хыхьэ хъунущ икIи ­ирагъэхь лъэIу тхылъхэр абы ­хухаха moydom.er.ru. сайтым макIуэ. Тхылъхэр ягъэува жыпхъэхэм итмэ, «цIыхубэ IэщIагъэлIхэм» я деж Iэ Iэт щрагъэкIуэкIыну я сайтым къралъхьэнущ. Абы щыте­кIуэ­хэм федеральнэ къэпщытакIуэ гупыр хэплъэнурэ, нэхъыфIхэр къыхахынущ.
Хэтынухэм жэпуэ­гъуэм и 10 пщIондэ зрагъэтх ­хъунущ. ЦIыхубэ Iэ Iэтыр щэ­кIуэгъуэм и 30 пщIондэ екIуэ­кIынущ. Абы кърикIуахэр дыгъэгъазэм и 1 - 8-хэм къызэщIакъуэжыну трагъэпсыхьащ. ТекIуахэр дыгъэгъазэм и 20-м нэхърэ мынэхъ кIасэу ягъэлъэ­пIэну я мурадщ. ТекIуахэм я цIэ-унэцIэр абы ­хухаха moydom.er.ru сайтым ­къралъхьэнущ.
Зэпеуэм электрон жыпхъэм иту зебгъэтх, тхылъхэр ебгъэхь хъунущ, https://moydom.er.ru сайтым ит упщIэхэм сыхьэтыр 18:00 хъуху жэуап епту жэпуэ­гъуэм и 10 пщIондэ ебгъэхьын хуейщ. Абы ебгъэхь хъунур къат куэду зэтет унэхэм щIэсхэр зэхы­хьэу ящIа е зэлэжьа гуэрщ.
ЛъэIу тхылъым Iэмал имыIэу къыщыбгъэлъэгъуапхъэхэр:
- УФ-м и щIыналъэ узды­щы­щыр;
- Муниципальнэ IуэхущIапIэр, щапхъэу къагъэлъагъуэ унэм и бжыгъэр;
- Зыхиубыдэ номинацэр;
- Эссер печатнэ дамыгъэу мини 8-м щIигъу хъунукъым. Абы Iэмал имыIэу итын хуейщ:
- къат куэду зэтет унэм щIэс­хэм зэфIаха Iуэхур (зи гугъу ящI Iуэхур кIэщIу къетхэкIын);
- къагъэсэбэпа Iэмалхэр;
- ящIам кърикIуар (бжыгъэ пыухыкIа е Iуэху зэфIэкIа гуэр);
- унэм е абы елэжь, и унафэ зыIэщIэлъ компанием хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ къата видео е тхыгъэ тедзауэ щыIэмэ, абыхэм я электроннэ ссылкэхэр е газетым традза тхыгъэм и скан дэщIыгъупхъэщ. Видеом и ссылкэр YouTube каналым илъын е куэд щеплъыфыну сервисхэм щыбгъуэтын хуейщ.
Тхыгъэм ящIа лэжьыгъэр къытещу (Iэмал зэриIэкIэ зэры­щытамрэ иужькIэ иращIамрэ плъагъуу) сурэтипщIым нэблагъэ (150 кб дэтхэнэри хъууэ) и гъусэн хуейщ. 
ТекIуэхэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ щIыхь тхылъхэр, ахъшэ сертификатхэр, фэеплъ саугъэтхэр иратынущ. Зэпеуэм хэт дэтхэнэми абы и къызэгъэпэщакIуэхэм къабгъэдэкI фIыщIэ тхылъ хуагъэхьынущ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, гъэ кIуам Налшык къат куэду зэтету дэт унэхэм яз «Лучшая практика работы ТСЖ» унэтIыныгъэмкIэ урысейпсо зэпеуэм щытекIуауэ щытащ. Кадыровым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет №24 унэм «дыжьын» къыхуагъэфэщащ. ТекIуахэр къыхэзыхар IэщIагъэлIхэм я закъуэкъым, онлайну Iэ Iэт ирагъэкIуэкIати, абы цIыху мини 127-рэ хэтащ. 
Кадыровым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет №24 унэр жьы, кхъахэ хъуа унэхэм къыщIагъэкIхэм хуащIауэ щытащ. Абы щыпсэухэр зэгухьауэ (ТСЖ къызэрагъэпэщащ) хуэмуурэ я унэр ирагъэфIакIуэ, зыхуей ­хуагъазэ. Абыхэм я пщIантIэм сабий джэгупIэхэр дащIыхьащ, кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэр ирагъэувэкIащ, унэм къе­дзылIа щIыр зыхуей хуэзэу зэрахьэ, пандусхэр яIэщ, унэм щыпсэухэм щIэх-щIэхыурэ зэгъусэу Iэхэлъахэр ягъэкъабзэ.

ЩОМАХУЭ Залинэ.
Поделиться: