Егъуэж Мадинэ: «ИкъукIэ гугъущ ущылэжьэну, апхуэдэуи телъыджэщ икIи хьэлэмэтщ»

Сабийм уахэтыну икъукIэ ­гугъущ икIи ауэ къызэры­мы­кIуэу гухэхъуэщ. Абыхэм нэхъ­рэ нэхъ къыпхуэмыгъэпцIэнрэ къыпхудэмыхьэхынрэ щыIэкъым псэкIэ уабгъэдэмытмэ, фIыуэ зэрыплъагъур зыхамыщIэмэ. Ауэ сабийм уадэлэ­жьэныр къыбдалъхуамэ, Iуэхур нэгъуэщIщ: гухэхъуэгъуэ ин къыппкърыкIыу улэжьэнущ, нэгъуэщI зыгуэркIи уи IэнатIэр пхуэхъуэжынукъым. Ар хьэкъ пщещI нобэ зи гугъу фхуэтщIыну бзылъхугъэм, Налшык и «Золушка» сабий сад №49-м илъэс 26-рэ хъуауэ гъэсакIуэу щыIэ Егъуэж Мадинэ. 

Псынабэ къуажэм къыщалъхуа хъыджэбз цIыкIум пасэу къыгурыIуат сабийхэм зэрадэ­лэжьэнур. ЦIыкIухэр игъэхъужу дохутыр хъуну и нэ къикIми, щхьэусыгъуэ зыбжанэм къыхэ­кIыу ар медицинэ факультетым щIэтIысхьакъым. Курыт еджапIэр къыщиуха 1985 гъэм КъБКъУ-м­ къыщызэIуаха МПНО (пэщIэдзэ щIэныгъэм и педагогикэмрэ методикэмкIэ къудамэ) факультетращ къыхихар, сабийхэм я Iэпкълъэпкъым емыIэзэми я псэм и «дохутыр» хъуну хуейуэ. Еджэну зыфIэгъэщIэгъуэн, нэ­хъуеиншэу щIэныгъэ зэзыгъэ­гъуэт Мадинэ унагъуэ зэрихьам, сабий зэригъуэтам къыхэкIыу пIалъэкIэ зэпигъэун хуей хъуащ еджэныр, къыщиухари 1992 гъэращ. ПэщIэдзэ классхэр иригъэджэну и IэщIагъэр арами, школ­хэм лэжьыгъэ IэнатIэ къыщигъуэтакъым. Апхуэдэу щы­хъум, и щIалэ цIыкIуитIым я ­гъусэу сабий садым езыри кIуащ. Зэи имыхъуэжауэ нобэр къыздэсми щолажьэ Мадинэ ­сабий сад №49-м. 
- Си гъащIэ гъуэгуанэм сащ­рихьэлIащ хуабжьу сызыхуэарэ­зы лэжьэгъухэм, цIыхухэм, - жеIэ Мадинэ. - Апхуэдэу гуапэу си гум къинащ садым и унафэщIу щыта Джэрыджэ Светланэ. Абы хуэдэу цIыхур къызыгурыIуэ уигъэлъы­хъуэнт, IуэхущIапIэр цIыкIукъым, атIэ мис абы щылажьэ дэтхэнэ­-ми и Iуэху зыIурт ищIэрт, хэт дэIэпыкъуэгъу, чэнджэщ хуэныкъуэми щыгъуазэт. ЖыпIэнурамэ, нэгъэсауэ къызэгъэпэща­кIуэт, цIыху нэст, ани шыпхъуи тхуэхъурт. Методисту щыта Пщы­мырзэ Зулимэ хуэдэ IэщIагъэлI щыIэххэтэкъым. Къэзгъэсэбэп хъуну литературэр къызжиIэрт, сыгъэIущырт, ди IэнатIэм щапхъэ щыпхуэхъун цIыхухэм я гугъу къысхуищIырт. Зи Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI нэхъыжьыфIхэр-щэ?! Абыхэм я фIыгъэщ гъэсакIуэ IэщIагъэм сызэрыдихьэхар, ап­хуэдиз илъэскIэ сабий садым сыщылэжьэну си мыгугъэххауэ. Сылэжьащ, си щIэныгъэм, зэ­фIэкIым хэзгъахъуэурэ, апхуэдизкIэ сесащи, иджы ар зэры­схъуэжын щыIэкъым. 
Сабий гъэсакIуэ щыхъуам ­Егъуэжым зы къалэнт зыхуигъэувыжар: зыгуэр зэриуасэр я фIэщ (псом япэ - езым) щIы­нырт. 
- Студентхэр практикэ, итIанэ лэжьэну къэкIуа иужь, яхуэхьыркъым, IуокIыжыр. Сабийхэр фIы­уэ умылъагъумэ, садми школ­ми умыкIуэ. Си жагъуэ зэрыхъунщи, сэ школ сыщы­лэ­жьакъым, ауэ сабий садым щхьэ­кIэ сигурэ си щхьэрэ зэ­телъу схужыIэнущ - икъукIэ ­гугъущ, апхуэдэуи телъы­джэщ икIи хьэлэмэтщ, - къы­хегъэщ Ма­динэ. 
«Узэрылажьэ пIалъэм къриу­быдэу сабийхэм захъуэжауэ къып­щыхъурэ, Мадинэ хьэмэрэ сабийхэщи сабий?» жысIэу си псэлъэгъум сыщеупщIкIэ, хогупсысыхь. 
- Iейуэ захъуэжауэ схужыIэнукъым, пэжщ, сабийхэр сытым ­дежи сабийщ. Ауэ гъащIэм щIэуэ къыхыхьэхэм елъытауэ я хьэл-щэн гуэрхэм зэхъуэкIыныгъэ ­ягъуэтагъэнкIи мэхъу, ауэ адэ-анэм ягу иримыхь хэлъмэ, яху­зэмыгъэзэхуэжын хэткъым. Зы­щIашэр адэ-анэм я Iуэху зехьэ­кIэрщ, я хьэлырщ жыхуэсIэщ. Ауэ мис а цIыкIухэр къэзылъхуа­хэм захъуэжащ, ди жагъуэ зэ­рыхъунщи, фIы и лъэныкъуэкIэкъым. ТIэкIу нэхъыжьхэр я сабийм теухуауэ къочэнджэщу, я гъэсэныгъэм ехьэлIауэ садым щылажьэхэм къыддэIэпыкъуу щы­тамэ, иджыпстурей анэ щIалэхэр хабзэм хуэхейщ. «Ар фи лэжьыгъэщ, фэращ ар зыщIэну зи пщэ къыдэхуэр» псэлъэкIэм хуэдэщ абыхэм яIэр…
Гупсысэ зиIэ, щIэблэм, лъэп­къым и къэкIуэнум игъэгузавэ дэтхэнэ зы цIыху балигъри тогузэвыхь гъэсэныгъэм, егъэ­джэ­ныгъэм. Абы и лъэныкъуэкIэ и Iуэху еплъыкIэр къасщIэмэ сфIэ­фIу Мадинэ сыщеупщIым: 
- Япэрауэ, совет егъэджэныгъэ Iэмалым къезгъэгъэзэжынт, - къызжиIащ. - Сэ абы сыхапIы­кIащ, сощIэ зищIысыр, нэхъыфI уигъэлъыхъуэну апхуэдэт ар. ­Сабийхэм, Iэмал имыIэу, Хэку фIылъагъуныгъэр яхэпщэжын хуейщ. КъаIэтыж а Iуэхур, школхэм дерс щхьэхуэуи хагъэхьэж. ЗэрыжаIэу, Iей мыхъу фIы хъу­жыркъым, щIэблитI ягъэунэхъури иджы къагурыIуащ укъы­щалъ­хуа щIыналъэр фIыуэ умылъагъумэ зыри зэрыпхузэ­фIэ­мыкIынур. Хабзэ, нэмыс жы­хуэтIэу псалъэ къудейуэ къэнахэри егъэщIэн хуейщ щIэблэм. Узыхуейр пщIэуэ, уфIэмыкъабылыр хьэIупс пщIыуэ щытмэ сыт къэхъунур?! Пасэу тхылъ гуэр сыкъеджауэ щытащ жылагъуэ ухуэкIэм теухуауэ. Абы къыхэсха гупсысэм нобэми сиутIыпщыркъым. ЦIыхур дэнэ щыпсэуми, сыт ищIэми лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм ириплъэж зэпыту щымытмэ, нэхъыжьхэм я IуэхущIафэр я гъуазэу къэмы­гъуэгу­рыкIуэмэ, фIы куэдым хэ­кIы­жынущ. ГъащIэм щыгъуазэ цIыхум нэхъыбэ къыбжиIэфынущ, ар къигъэсэбэпмэ щIэблэр нэхъ губзыгъэ хъунуращ. Зыми щIэ къигупсысыну аракъым, нэхъыжьхэм къытхуагъэнар тхуэ­хъумэрэ ар едгъэфIэкIуэфмэ, ди насыпу аркъудейщ. 
Зыщыщ унагъуэм е сабий садым а цIыкIухэм зэрызрагъэ­кIум ехьэлIауэ Мадинэ иIэ Iуэху еплъыкIэри гъэщIэгъуэнщ. Гуа­па­гъэри ткIиягъри зэгъусэу щытын хуейщ, гъэсэныгъэ нэсым и гугъу щыпщIкIэ. «Сэ сщIэращи, лъагъуныгъэр зэи куэд хъуркъым. ГукIи псэкIи фIыуэ ­плъагъуращ цIыху къызыхэкIыр, и къарур и фIэщ хъужу зэпIэзэ­рыт зыщIыр. Лъагъуныгъэмрэ еу­бзэмрэ зэхэзыгъэзэрыхь адэ-анэ щыIэщ, лъагъуныгъэр ущы­щытхъун хуейм деж ущытхъуу, и щыуагъэр ебгъэлъагъужынуи къыщыпщымыгъупщэм и дежщ. ФIымрэ Iеймрэ, дахэмрэ бзаджэмрэ къыгурыбогъаIуэ, ап­хуэдэу щIыщытыр жыбоIэ, гъуэгу захуэр ибогъэлъагъу…»
Зэрылэжьа илъэс бжыгъэр ­пенсэм тIысыжын папщIэ ири­къуным куэд къэнакъым Мадинэ. Абы щегупсыскIэ, сабийхэм пэ­IэщIэ хъуну зэрыхуэмейр ибзы­щIыркъым. ИщIэн-илэжьын имы­Iэу аракъым, школым кIуэну сабий цIыкIухэр абы хуегъэ­хьэ­зыр, Iэбжьанэ игъэдахэу зигъэсауэ а IэщIагъэри иIэщ, цы зэ­Iуещэ, ­щыгъыныгъуэхэр, зэры­джэгу хьэпшып цIыкIухэр къы­хещIыкI, сурэт ещI. Дэтхэнэри ури­къунущ умызэшынымкIэ, атIэ­ми сабий садым, и гъэсэн цIыкIухэм пэ­IэщIэ мыхъумэ нэхъ къещтэ. 
Iуэху зэмылIэужьыгъуэ куэдым яужь ихьащи, дэтхэнэри мыIейуэ къохъулIэ Мадинэ. Ауэ сыт имы­щIами сабий сад лэжьыгъэм ­къиутIыпщыркъым. Апхуэдэхэращ, шэч хэмылъу, зи IэщIагъэм къыхуигъэщIа жыхуаIэр. 
Унагъуэ дахэ иIэщ Мадинэ. И щхьэгъусэ Егъуэж Анзор Нал­-шык и курыт еджапIэ №31-м и унафэщIщ. И щIалитIми щIэ­ныгъэ нэхъыщхьэ, лэжьыгъэ IэнатIэ яIэщ. Дэтхэнэми и насып илъа­гъуну, и нэ къызыхуикI псоми Мадинэ и Iэ техуэну ди гуапэщ.  
 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: