Нэхъыбэж я пщэ къыдэхуэнущ

«Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и уна­фэщI Цивилёвэ Аннэ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым лэ­жьыгъэ IуэхукIэ къэкIуащ. ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и гъусэу ар щыIащ фондым и щIыналъэ къудамэм. 

IуэхущIапIэм и теплъэр, абы щекIуэкI лэ­жьыгъэр зригъэлъагъури, лэжьакIуэхэми дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэм ящыщхэми ­яхуэзащ, апхуэдэуи жылагъуэ зэгухьэныгъэ­хэм я лIыкIуэхэм епсэлъащ. 
«Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэед хьэщIэм жри­Iащ метр зэбгъузэнатIэ 1000 хъу унэр зы­хуей ­хуагъазэу, Iуэхур зэпэщу зэрызэ­траублар. Абы лэжьэн щIидзащ 2023 гъэм ­мэкъуауэгъуэм и 1-м. Щылэжьэнухэр я къалэнхэм щагъэ­гъуазэри, Iуэхум хащIыкIыу пэ­рыхьащ. Ди республикэм щылажьэ къудамэм IэщIагъэлIи 5 щыIэщ, адрейхэр районхэм тегуэшащ. НобэкIэ Iуэху щиплIым хэплъащ. 
КIуэкIуэ Казбек фондым иригъэкIуэкI лэ­жьыгъэм арэзы къызэрищIыр жиIащ, абы къыхигъэщащ къаIэрыхьэ лъэIухэм и чэзум зэры­хэплъэр. Iуэхур тыншу зэфIагъэкIын ­папщIэ къу­лыкъущIапIэ псоми цIыху щхьэхуэ щIэсщ фондым къыдэIэпыкъуу. 
Цивилёвэ Аннэ IуэхущIапIэм щылажьэхэм фIы­щIэ яхуищIащ. «Мы лэжьыгъэ мытыншым фы­зэрыпэрытым щхьэкIэ фIыщIэ фхузощI. ДяпэкIэ нэхъыбэж фи пщэ къыдэхуэнущ. Ауэ псори фху­зэфIэкIынущ, Iуэхур къэралми, республикэ уна­фэщIхэми, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми я нэIэ зэрыщIэтым и фIыгъэкIэ. ДяпэкIэ гулъытэ яхуэ­щIын хуей хъунущ дзэ Iуэху хэхам хэтауэ къэзыгъэзэжхэр жылагъуэ гъащIэм тыншу хэзэгъэ­жыным, IэнатIэ ягъуэ­тыным теухуауэ», - жиIащ Цивилёвэм.
ЗэIущIэм «ЛIыхъужьхэм я бынхэр» Iуэхур ­зи­щIы­сым къызэхуэсахэр щыщагъэгъуэзащ.  Ар утыку кърахьащ КъБР-м ЩIалэгъуалэ ­Iуэху­хэмкIэ и министерствэмрэ Корпоративнэ университетымрэ. Абы и мыхьэнэ нэхъыщ­хьэр дзэ Iуэху хэхам хэкIуэдам и бынхэм ­со­циальнэ гъэсакIуэхэр хухахыурэ гъащIэм тыншу зэ­рыхэпсэукIыным зэрыхуиунэтIырщ. Ныбжьы­щIэхэр щIалэгъуалэ Iуэхухэм къы­хашэ, еджэ­нымкIэ, лэжьэнымкIэ сэбэп ­яхуохъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыхалъхьа ап­хуэдэ ­жэрдэмым щыгуфIыкIащ Ци­вилёвэ Аннэ. Апхуэдэуи унафэщIхэм ягу дыхьащ дзэлI­хэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ волонтёрхэр зэра­дэ­Iэпыкъур. 
ХьэщIэм зэрыжиIамкIэ, дяпэкIэ фондыр унэ етIуанэ яхуэхъунущ лIыхъужьхэмрэ абыхэм я ­унагъуэхэмрэ, сыт хуэдэ гуныкъуэгъуэ зиIэри абы къекIуалIэ хъунущ. 
КIуэкIуэ Казбек Цивилёвэ Аннэ фIыщIэ хуи­щIащ ди лъахэм къызэреблэгъам, лэжьыгъэм зэрызыщигъэгъуэзам папщIэ.
 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ
Поделиться: