Япэ игъэщыпхъэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ма­хуэку блэкIам Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ «щIыналъэхэм яхухэха сыхьэт» зэIущIэр. Абы хэтащ КъБР-м и Правитель­ствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI ­Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, республикэм и министерствэхэм я унафэщIхэр, къалэхэм, ­районхэм я Iэтащхьэхэр. 

ЗэIущIэм къыщаIэтащ щIыналъэ зыу­жьы­ныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лъэпкъ проектхэмрэ федеральнэ программэхэмрэ щIыпIэхэм зэрыщагъэзащIэм ехьэлIа Iуэху­гъуэхэр. Апхуэдэхэм ящыщщ фэтэр куэду ­зэтет псэупIэ унэхэм я пщIантIэхэр зыхуей ­хуэгъэзэныр, щэнхабзэм и IуэхущIапIэхэр, еджапIэхэр, школхэм я спорт пэшхэр зэгъэ­пэщы­жыныр, жьы хъуа унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэкIауэ ахэр унэщIэхэм гъэIэпхъуэ­ныр, гъуэгу, коммунальнэ хозяйствэр егъэ­фIэкIуэныр. Зэ­IущIэм зэрыщыжаIэмкIэ, ягъэ­зэщIэн хуея лэжьыгъэхэм я нэхъыбапIэр зэфIэкIакIэщ. 
Зэхуэсым хэтахэр щхьэхуэу къытеувыIащ ­УФ-м и Президент Путин Владимир къалэн ­къащищIа Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ «Къэралым хыхьэ щIыналъэхэм я щытыкIэр къэзыгъэ­лъагъуэ лъэпкъпсо IэнатIэ» федеральнэ программэм щыубзыхуахэр ди республикэм зэ­рыщагъэзащIэм. 2030 гъэм ирихьэлIэу я мурадщ щIыналъэхэм я щытыкIэр, картографие лъабжьэр, ябгъэдэлъ мылъку лIэужьыгъуэхэр, къэрал кадастр еплъыкIэхэри щIыгъужу, къэзыгъэлъагъуэ, бжыгъэр зи лъабжьэ хъыбар псори зэрылъ, зыуэ щыт IэнатIэ ди къэралым къыщызэрагъэпэщыну. Апхуэдэ Iуэху зехьэ­-кIэр IэмалыфI хъунущ къэралым, абы хыхьэ щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ, IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэм я щытыкIэм кIэлъып­лъы­нымкIэ, къэрал Iуэхутхьэбзэхэр зэфIэ­хы­ныр егъэфIэкIуэнымкIэ. А IуэхумкIэ респуб­ликэм щаубла япэ лэжьыгъэхэм къарикIуахэр наIуэ къыщащIащ зэхуэсым. 
Гулъытэ хэха игъуэтащ гъэ еджэгъуэщIэм щIыналъэр зэрыхуэхьэзырым. КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм хэтхэм къалэн ящищIащ, «Хэкум и ­хъумакIуэхэр» урысей фондым и щIыналъэ ­къудамэмрэ «Хэкум и зауэлIхэм я унагъуэхэм» и щIыналъэ комитетымрэ ящIыгъуу, СВО-м хэт зауэлIхэм я бынхэу еджэныр зыублэжынухэм яхуэфэщэн гулъытэ хуащIыну. Апхуэдэ дэIэ­пыкъуныгъэ ягъуэтынущ Херсон областым ­щыщу КъБР-м и нэIэм щIигъэува щIыналъэ­-хэм я курыт школхэм екIуэлIэжыну ныбжьыщIэхэми, ди республикэм щыпсэу уна­гъуэхэу гъащIэм щытыкIэ гугъум иригъэувахэм щапI школакIуэхэми.  

Поделиться: