Автоинспекцэм и лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуещI

КъБР-м щыIэ МВД-м къы­Iэрыхьащ Урысей МВД-м и управленэу Налшык къалэм щыIэм и Къэрал автоинспекцэм и гъуэгу плъыр къулы­къум и ротэ щхьэхуэм и инс­пекторхэм фIыщIэ щыхуащI тхыгъэ. 

«ФIыщIэшхуэ яхуэсщIыну сыхуейт ГИБДД-м и лэжьа­кIуэхэу по­лицэм и капитан Уэртэн Валерэрэ полицэм и лей­тенант Байчекуев За­уррэ я ­къалэнхэм зэрыхуэпэжым, гу­дзакъэ зэрахэлъым папщIэ. Рулым дэсым гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэм иужькIэ и Iэмрэ и лъакъуэхэмрэ щIишэу хуе­жьати, полицейхэм дэIэпы­къуэгъу псынщIэр къраджащ, ­дохутырхэр къэсыхукIэ и Iэп­къ­лъэпкъыр хуашытIащ. 
Медицинэм и лэжьакIуэхэм ар Iэрагъэхьа иужь, я къалэ­ным пэрыувэжащ. Абыхэм я щапхъэм пщIэ хуегъэщI къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ ор­ганхэм я лэжьакIуэхэм. Фыпсэу, вжыдоIэ фи гур зэрызэIухам, фи лэ­жьыгъэм фызэретам, гужьеигъуэ ихуа цIыхухэм фазэры­дэIэпыкъум ­папщIэ! - къитхащ гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэр зи нэкIэ зылъэгъуа, Налшык щыпсэу цIыхубзым. 

 

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: