МэжджытыщIэм и лъабжьэр ягъэтIылъ

Налшык и «КъуэкIыпIэ» хьэб­лэм шыщхьэуIум и 4-м щагъэ­тIылъащ ПщыхьэщIэ Iэнэс-хьэ­жы и цIэр зрихьэу яухуэну Мэжджытышхуэм и япэ мывэр, къэ­кIуэну щIэблэм хуагъэхь тхы-
­­гъэр зэрылъ капсулэр и гъусэу.
 Дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и муслъы­мэн IуэхущIапIэм и унафэщI, муфтий Дзасэжь Хьэзрэталий, гъунэгъу республикэхэм къикIа хьэщIэхэр, архитекторхэр, къу­лыкъущIэхэр, жылагъуэ лэ­жьа­кIуэхэр, Iуэхум зи гуащIэ хэ­зылъхьа хьэрычэтыщIэхэмрэ цIыхубэм и лIыкIуэхэмрэ. 

ЗэIущIэр къызэIуиха нэужь, Дзасэжь Хьэзрэталий къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ мэжджытыр яухуэн унафэр КъБР-м щекIуэкIа Муслъымэнхэм я VII съездым къыщащтауэ зэры­щытар. «Илъэс куэдкIэ ар зэдгъэхъулIа зэрыхъуну щIыкIэм дегупсысурэ, Алыхьым и фIыщIэкIэ нобэ ди нэгу щIэкI Iуэхум ды­хуэкIуащ», - жиIащ муфтийм. 
КъурIэн лъапIэм и псалъэхэмкIэ зэIущIэм пищащ Налшык ­къалэ мэжджытышхуэм и Iимам-хъатIиб, Iэбу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым и егъэджакIуэ Сэбаншы Мухьэдин. 
И псалъэм адэкIэ пызыща Дзасэжь Хьэзрэталий республикэм щыпсэухэм ехъуэхъуащ мэжджытыщIэ яухуэн насыпыр Алыхьталэм къазэрыригъэхъу­лIамкIэ. Ар зэрыпсапэм щыхьэт техъуэ хьэдисхэри ягу къигъэкIыжащ. «Алыхьталэм папщIэ мэжджыт зыухуам жэнэтым унэ щыхуищIынущ», - жеIэ хьэдисым. НэгъуэщI зыми къыщокIуэ: «Мэз джэдыр зыщIэхуэн абгъуэ хуэдиз фIэкIа мыхъуми, мэжджыт зыу­хуам Алыхьталэм жэнэтым унэ щыхуищIынущ», - яжриIащ муфтийм къызэхуэсахэм. 
Мэжджытыр яухуэн унафэр къызэращтар куэдкIэ зи фIыгъэр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекщ, муфтийм зэрыжиIэмкIэ. Ар иджыри 1994 гъэм яухуэну ­мурад ящIри, ирахьэлIэн мылъку къахуэмыгъуэту къэнэжауэ щытащ. «Мыр дэ тхузэфIэкIынущ», - жиIэри, Iуэху мыублэр и пIэ иригъэкIащ республикэм и Iэтащхьэм. 
Муслъымэн сэламкIэ къызэ­хуэсахэм захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. «Бис­миллахьи Ррэхьмани Ррэхьим. ПщIэ зыхуэсщI си къуэшхэ, си шыпхъухэ! Ди нэхъыжьхэ! Нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэн псом я дежкIэ Iуэху лъапIэу щыт дауэдапщэм дыкърихьэлIащ. ПщыхьэщIэ Iэнэс-хьэ­жы и цIэр зезыхьэну мэж­джытышхуэ республикэм щыду-­
хуэ­ну ди мурадщи, Алыхьым и псэр щигъэгуфIыкI. Мэжджыт ухуэныр игъащIэ лъандэм жылэр езыгъэфIакIуэ псапэу къокIуэкI. Хьэзрэталии зэрыжиIащи, мы унафэр пасэу къащтауэ щытащ. Ауэ цIыху щIэхуэнум я бжыгъэр нэхъыбэ тщIын, щIыпIэу хухэтхыным, текIуэдэну мылъкум дегупсысурэ, нобэм дыкъэсащ. Шэч къытесхьэркъым ар ди республикэми Урысейуэ ди Хэку­шхуэми сэбэп зэрыхуэхъунум. Нобэ ди къэралыр щытыкIэ гугъу зэритым тепщIыхьмэ, апхуэдэ зэкъуэтыныгъэм дэ хуабжьу ды­хуэныкъуэщ, ар зэрыдиIэми шэч хэлъкъым. Мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъ ин дыдэу итыну мэжджытыр «КъуэкIыпIэ» хьэб­лэ­щIэм зэрыхиубыдэр. Тыншы­пIэрэ псэупIэрэ, лэжьапIэрэ зыгъэпсэхупIэрэ а хьэблэм ща­гъуэтынущ цIыху мин 50-м щIи­гъум, ар зы къалэ цIыкIу хуэдиз мэхъу. Нобэ зи лъабжьэ дгъэ­тIылъ мэжджытри абы хуэгъэза лъэбакъуэщ. Зыужьыныгъэм, ­дахагъэм, нэгъэсаигъэм и дамыгъэ хъунущ а мэжджытыр. ЦIыху­хэм зыузэщIыпIэ, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыпIэ яхуэхъунущ. Ис­лъам диным игъэлъапIэ тегъэ­щIапIэхэм къыщыхураджэрэ, фIыгъуэмрэ мамырыгъэмрэ щы­хуаунэтIу, гупсэхугъуэмрэ зэгу­рыIуэмрэ, гумащIагъымрэ гу­лъы­тэмрэ яхипщэу. Ижь-ижьыж лъандэрэ къекIуэкI а тегъэщIапIэ лъапIэхэрщ ПщыхьэщIэ Iэнэс-хьэжы и гъащIэр щIитар. Ди жылагъуэм фIэщхъуныгъэм и къабзагъэр лъэIэсын, къыдэкIуэтей щIэблэр щIэныгъэншагъэм­рэ дин пхэнжымрэ щыхъума ­хъу­ным хэлъхьэныгъэшхуэ хуи­щIащ абы. Диныр зытет лъабжьэхэр зэманым и шыбзэм щIэкIащ. Ахэр игъащIэ лъандэми нобэми къыддоIэпыкъу гугъуе­хьым дыпимыкIуэтын, фIым ды­щыгугъын, псапэ тщIэн щхьэкIэ. Дэ фIыщIэшхуэ худощI уасэшхуи худогъэув республикэм и муслъымэн Iумэтым, цIыхубэм и зэхуаку зэгурыIуэрэ мамырыгъэрэ дэлъыным хуищI хэлъхьэ­ныгъэм папщIэ», - жиIащ республикэм и Iэтащхьэм. 
Псалъэ купщIафIэкIэ къызэ­хуэсахэм закъыхуигъэзащ Кавказ Ищхъэрэм ис Муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу советым и унафэщI, КъШР-м и муфтий Бердиев Исмэхьил-хьэжы. КIуэкIуэ Валерэ и гъусэу Индонезием зэры­щыIар игу къигъэкIыжкIэрэ, Бердиевыр КIуэкIуэхэ я унагъуэм псапэ куэд зэращIэм тепсэ­лъыхьащ. Мы Iуэху дахэри зи фIыгъэр республикэм и Iэтащхьэр зэрыарар къыхигъэщащ. 
Сыт щыгъуи хуэдэу гунэст Осетие Ищхъэрэ - Аланием и муфтий Гацалов Хьэжмурат и псалъэ­хэри: «ДыкъыщIызэхуэсам и щхьэусыгъуэм къытезмыгъазэу, махуэ къэс демыгупсысу къэт­псэлъ «псэкупсэ» псалъэм и ­гугъу сщIынт, - жиIащ Гацаловым. - «Псэ» псалъэращ абы и лъабжьэр. ЦIыхупсэм зиузэщIын зэрыхуейрщ и мыхьэнэр. Мэжджытырщ цIыхур цIыху хъун зэрыхуейр къыщыбгурагъаIуэр. Абы хуэдэу гъэсэныгъэ щы­-   халъ­хьэ щIыпIи щыIэкъыми, ­КъБР-м щыпсэухэм а ехъулIэныгъэмкIэ сынывохъуэхъу, мэжджытыр яухауэ Алыхьым дигъэ­лъагъу». 
Хъуэхъу псалъэкIэ къызэхуэсахэм зыкъыхуагъэзащ УФ-м и Пре­зидентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и дэIэпы­-къуэгъу Валиев Айдемыр, Адыгейм и муфтий Къардэн Аскэрбий сымэ, нэ­гъуэщI щIыпIэхэм къикIа дин лэжьакIуэхэм. 
Дзасэжь Хьэзрэталий псоми зэхахыу къеджащ унафэр къыщащта 1994 гъэм КъБР-м и унафэр зыIэщIэлъа КIуэкIуэ Валерэ и IэщIэдзыр зыщIэлъ тхыгъэм. Апхуэдэу илъэс бжыгъэ ипэкIэ ящIа мурад дахэм иджы гъуэгу зэригъуэтар Алыхьталэм и фIыгъуэу зэрыщытым и гугъу ящIкIэрэ, дауэдапщэр зэхуащIыжащ. Мухьэрэм мазэ лъапIэм, мэрем махуэ лъапIэм апхуэдэ Iуэху щхьэпэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, ифI Тхьэм псоми ялъигъэIэс!

Сурэтыр  Къарей  Элинэ  трихащ. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: