Косовэ Губгъуэм игуэшат

Австрием щыщ еджагъэшхуэ Густав Буллемэр Югославием щыщыIам нэхъыбэу къызэхикIухьар Косовэ Губгъуэрщ. Буллемэр и тхыгъэхэр а гъэ дыдэм къытрыригъэдзэжащ Венэ къыщыдэкI «Географие хасэм и хъыбархэр» журналым.

Адыгэхэм я гъащIэм, я псэукIэм гупсэхуу кIэлъыплъа еджагъэшхуэм ди лъэпкъым и тхыдэжьым и мызакъуэу, я иджырей тхыдэри фIы дыдэу ищIэрт.

Ар щыгъуазэт адыгэхэм къалъэIэса гузэвэгъуэшхуэм икIи, абы зэритхыжымкIэ, 1864 гъэм и закъуэ Азие ЦIыкIум и кхъухь тедзапIэхэм адыгэ мин 500 щитIысыкIащ. А бжыгъэшхуэм щыщу мини 150 – 200-р Фракием и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ ягъэкIуащ. ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и кIэм адыгэ тIысыпIэ куэд иIащ Родос, Серас къалэхэу Мрамор тенджызым пэгъунэгъухэм. Абы къищынэмыщIауэ, ахэр Ломрэ Томокрэ я кум дэлъ тафэм, Илисрэ Пиротрэ къабгъурылъ щIыхэм тегуэшауэ тесащ. АдэIуэкIэ уIэбэжмэ, адыгэхэм сербхэм я щIы гъунапкъэжьым къыпылъ Косовэ Губгъуэр яIыгъащ. НэгъуэщI тIысыпIэхэр хэхэсхэм Прокуплым пэгъунэгъуу щыIэ Томлинэ щIыпIэм щаубыдащ. Адыгэ къуажэхэу Суви, Дон, ТуларкIэ зэджэхэм Брусэ-Капоник бгы дэкIыпIэр яхъумэрт. Абы и закъуэтэкъым. Адыгэхэм Лабэ, Моравицэ, Вардорэ, Секке псыхъуэхэм биидзэ къыдагъэхьэртэкъым.

Косовэ Губгъуэм щитIысхьэм, адыгэхэм е щхьэхуэ дыдэу псэупIэ щызрагъэгъуэтырт, е серб къуажэхэм ябгъурытIысхьэрт. Буллемэр и гъуса лэжьакIуэхэм ящыщ зым – Тюмлер – зэхуэхьэса хъуа тхыгъэхэмкIэ къуажэхэм я картэ ищIауэ щытащ.

Косовэ Губгъуэм адыгэ къуажэу исар 23-м нэсырт. Нэхъ иныIуэр СлавоваскIэ зэджэрт. Абы унагъуэ щитIым щIигъу дэсащ. Хьэмидей, Мэжджыт, Пэгъуэгъунэ къуажищми зэхэту унагъуэ 300-м нэс щыпсэуащ. Адрейхэр нэхъ цIыкIут. Къапщтэмэ, Черкес Садовинэр унагъуэ хыщIт зэрыхъур, Дуней Ливокыр – щэ ныкъуэт.

Хэхэсхэм щIыпIэхэр ягу ирихьакъым, куэд дыди дамыгъэкIыу зыкъаIэт, нэхъ псэупIэфI къратыну къагъэуву, ауэ ахэр къарукIэ ягъэсабырыжри, зэрыс Косовэ Губгъуэм къранэж.

1877 – 1878 гъэхэм урыс-тырку зауэм лъэныкъуитIми щыщу адыгэ куэд хэтащ. Зауэ нэужьым Ниша-Прокупле щIыпIэм адыгэ зыри къинэжакъым. Апхуэдэу щIэхъуари абыхэм я хэщIапIэр зэраубыдарщ. 1900 гъэм Косовэ Губгъуэм къинэжа адыгэм я бжыгъэр 6500-м нэс къудейт. Нэхъыбэу бгырысхэр елэжьт Iэщ гъэхъунымрэ дыщэкIынымрэ.

Балкан зауэр (1912) зэриухыу адыгэ куэд аргуэру Югославием йоIэпхъукIыж. Белград щыщ еджагъэшхуэ профессор Гиоргиевич К. щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, абы иужькIэ Косовэ Губгъуэм къинар унагъуэ зыбжанэ къудейщ. Ауэ Буллемэр и нэкIэ псори зригъэлъагъури, Iуэхур зытетыр итхыжащ. Абы къызэрилъытэмкIэ, Гиоргиевич К. къигъэлъэгъуа бжыгъэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэщ Косовэ Губгъуэм ис адыгэхэр.

АтIэ Лабэрэ Ситницэрэ я Iуфэхэм Iус Черкес-кой къуажэм дэс унагъуэ 62-м щыщу 50-р адыгэт. Псори зэхэту цIыху 200-м щIигъут. А псыхъуэ дыдэм дэс Великэ Рекэ къуажэми адыгэ унагъуэ куэд щыпсэурт.

Черкес-койр Косовэ Губгъуэм ис адрей жылэхэм къащхьэщыкIыу щытт. Ар япэ дыдэу къэзыгъэлъагъуэр къуажэкхъэрт. Абы ит сынхэм тетхэр хьэрыпыбзэкIэщ зэрытхар, езы къуажэми зы мэжджыт мыин дыдэ дэтт, къатитIу зэтет унэм бгъэдэту. А унэр адрейхэм къахэщырт, абы нэхъ лъагэрэ нэхъ дэгъуэрэ къуажэм дэттэкъым.

«Сэрэ си гъусэхэмрэ Черкес-кой къуажэм дыщыдыхьам щыгъуэ, - етх Буллемэр, - дэ дыкъаухъуреихьат кавказыбгхэм я бын щхьэпэлъагэ нэкъуэлэнхэм. Ахэр адрей къуажэдэсхэм къахыумыцIыхукIынкIэ Iэмал иIэтэкъым: я теплъэкIэ зэкIужт, цIыхухэм щахэтым деж екIуу заIыгът. ЦIыхухъухэм адыгэ цей ящыгът, я фэр текIыжами, фащэхэм абыхэм дахагъэ ин, лIыхъужьыфэ къатригъауэрт. Иджы ахэр нэхъ зэлэжьыр щIырт. Абы ипэIуэкIэ Черкес-койм и адыгэхэр шы гъэхъуным пыщIауэ щытащ»…

Буллемэр къызэрыщыхъуамкIэ, адыгэхэр цIыху набдзэгубдзаплъэщ, гурыхуэщ, Iущхэщ. Абыхэм, жеIэ еджагъэшхуэм, я бзэм нэмыщI, албаныбзэ, тыркубзэ ящIэ, яхэтщ хьэрыпыбзэкIэ псэлъэфхэри.

Адыгэ цIыхубзхэм щхьэтепхъуэ зэрателъым къыхэкIкIэ, Буллемэррэ абы и гъусахэмрэ абыхэм я дахагъэ ятеIукIам щыхьэт техъуэфакъым. «Ауэ, - жеIэ Австрием щыщ еджагъэшхуэм, - а цIыхубзхэм я бынхэр къызэрымыкIуэу дахэщ, зэкIужщ».

Буллемэр и гупым хэтхэм яфIэгъэщIэгъуэнащ нэгъуэщI зы Iуэхугъуи: Балкан хытIыгу ныкъуэм щыпсэу цIыхубз псоми къащхьэщыкIыу, адыгэ бзылъхугъэхэр нэгъуэщI лъэпкъ цIыхухъухэм еплъу, зыкъыпрагъэхыу плъагъунукъым. Абыхэм нэмысышхуэ яхэлъщ икIи езыхэм я пщIэр здынэсыр фIыуэ къагуроIуэж. Буллемэр Югославием щыIэ «адыгэ оазисым» и къэкIуэнум иригузавэрт. Абы зэрыжиIэмкIэ, хэхэсхэр зыхэс лъэпкъхэм яхэгъуэщэжынкIэ шынагъуэщ. ЩхьэусыгъуитI иIэщ а Iуэхугъуэм. Япэр – абы иса адыгэ мин 200-м и нэхъыбэм ТыркумкIэ зэрагъэзарщ, етIуанэр – а зэманым къэралым щекIуэкIа лъэпкъ дэкъузэныгъэ «цвайкиндер системэкIэ» зэджэ политикэращ. Буллемэр зытегузэвыхьар пэж хъуащ.

Профессор Лаш Адыли къызэхикIухьащ Косовэ Губгъуэр. Абы къызэрилъытамкIэ, Черкес-койкIэ зэджэу щыта, итIанэ Великэ Рекэ, нобэ Милошевэ, Приштинэ хъужа къуажэхэм адыгэ унагъуэ 15 дэсщ. Абыхэм бзэр фIыуэ ящIэж, хабзэри ящыгъупщэжакъым. Адыгейм щыщ турист гупи щыIащ Косовэ Губгъуэм, ахэр адыгэхэм яхуэзащ икIи я унагъуэхэм щыхьэщIащ.

Публицист цIэрыIуэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэди итхыжащ 1986 гъэм Гамбург (ФРГ) щылажьэ Иззэт Хьэсани, Жьэухэ я къуэ абэзэхэ щIалэм, деж зэрыщыхьэщIар. И унагъуэр и гъусэу ар Косовэ Губгъуэм щыIэ Доне-Становице къуажэм къикIат. А жылэм дэсащ адыгэ унагъуэ щэщI, абыхэм я бжыгъэр цIыху 300-м щIегъу. Абыхэм я унэцIэхэри мыращ: Цей, Жьэу, ГутIэ, Дыгъужь, Тхьэгъуш, Бэсней.

Адыгэ псоми бзищ-плIы нэхъ мащIэ ящIэркъым.

КIыщокъуэ Алим и ныбжьэгъуфIу щытащ серб усакIуэ цIэрыIуэ Черкез Владимир. Абы зэрыадыгэр зэи зыщигъэгъупщэртэкъым, хабзэ, нэмыс дахи хэлът. Черкезым и тхыгъэхэр ди къэралым куэдрэ къыщытрадзащ. Игу имыху адэ Хэкужьым Владимир хуиусащ мы сатырхэр:

Хэкур – ар уэшхышхуэм иужькIэ къепсыж дыгъэ хуабэщ;

жьыуэ тэджауэ, гъавэм елэжь мэкъумэшыщIэщ;

жэщкIэрэ уафэ кIыфIым къыщыблэ вагъуэщ;

бийм пэува зауэлIхэм хьэлу Iыхьэр езыт анэщ;

псынэ къабзэщ ар, зэрылъэлъу дыхьэшх псыкъелъэщ;

губгъуэм ит жыгей инщ ар, зэщIэгъагъэ жыг хадэщ;

къуалэбзум я уэрэд зыщхьэщыт ныджэ инщ;

щащыху хужьыр а ныджэм телъщ щIымахуэм темыкIыу;

удз уфафэм гъэмахуэм яуфэбгъу губгъуэ инщ ар;

къыщIафыкI щIым а удзхэм гъащIэ зыт и хъугъэпсхэр;

хэкур – ар дэ ди унэщ, ди жыг хадэрщ, заводырщ;

ди гум ди адэжь Хэкур щопсэу.

Усэр адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ къэбэрдей усакIуэ цIэрыIуэ Къагъырмэс Борис.

Адыгэ унагъуэ 300 хуэдиз 1968 гъэм щыщIэдзауэ Югославием икIыжри Тыркум Iэпхъуэжащ. Ахэр Истамбыл и хьэблэхэм – Ташлы-Тарла, Кучук-кой, Сатмалджыр – дэтIысхьащ, зыкъомми Дюзджэ къалэм и Iэшэлъашэр псэупIэ ящIащ. 1999 гъэм цIыху 80 хуэдиз Адыгейм къэIэпхъуэжащ. Ахэр Махуэхьэблэ дэсщ.

 

Поделиться:

Читать также: