НОБЭ

ШыщхьэуIум и 8, гъубж

         Офтальмологием и дунейпсо махуэщ

         Альпинизмэм и дунейпсо махуэщ

         1942 гъэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетым унафэ ищIащ республикэм и къалащхьэм и къыдыхьэпIэхэм быдапIэхэр щаухуэну, щIытI лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIыну.

         2008 гъэм Китайм и къалащхьэ Пекин къыщызэIуахащ гъэмахуэ Олимп джэгухэр. Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ абы чемпион щыхъуауэ щытащ адыгэ щIалэ Хъущт Аслъэнбэч.

         1937 гъэм къалъхуащ балетмейстер Марыщ Заур.

         1956 гъэм къалъхуащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Парламентым и депутат Къудалий Мухьэмэд.

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 34 - 36-рэ, жэщым   градус 24 - 27-рэ  щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Бажэм и хьилагъэр япэ итщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

Поделиться:

Читать также:

13.05.2024 - 11:06 НОБЭ
08.05.2024 - 09:00 НОБЭ
07.05.2024 - 09:12 НОБЭ
06.05.2024 - 13:11 НОБЭ