Джылахъстэнейм и щIэдзапIэр

Дэфтэрхэм зэрыщатхымкIэ, XVI лIэщIыгъуэм и кIэмрэ XVII и пэщIэдзэмрэщ зытехуэр Къэбэрдейр Инрэ ЦIыкIуу щызэхэкIар. 1615 гъэм Тепсэрыкъуэ и къуэ Щолэхъу, нэгъуей пашэхэр и дэIэпыкъуэгъуу, Пщыапщокъуэ Къазий и гупыр зэтрикъутат. Езы Къазий абы хэкIуэдащ, и къуажэхэр зэтрафыщIащ. Къэхъуар ягу темыхуэу, пщыхэм гуп зэщIагъэуIуэри, зекIуэ япежьащ. Абыхэм я Iуэхур къыдаIыгъащ дагъыстэн уэлий Тарковскэмрэ дзэзешэ Головиным къигъэкIуа зауэлIхэмрэ. А зекIуэм хэщIыныгъэшхуэ щигъуэтат Талъостэнейм (Щолэхъум и Къэбэрдейм).
1649 гъэм дагъыстэн дзэзешэ Суркай и зауэлIхэр Къэбэрдей ЦIыкIум (Джылахъстэней) къытеуащ. Абыхэм япэщIэта пщы Мудар Къазийрэ уэркъ куэдрэ хэкIуэдауэ, ябгъэдэлъа мылъкум и нэхъыбэр зэхадыгъуауэ иухат а зэхэуэр. Дагъыстэныпщым и лъэныкъуэкIи куэд хэкIуэдат. 
XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм Къэбэрдей ЦIыкIур жэмыхьэтитIу гуэшауэ щытащ: КъухьэпIэмкIэ Талъостэнрэ (Тэтэртуп деж щегъэжьауэ адэкIэ Тэрч псыежэхым и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ екIуэкIыу) къуэкIыпIэмкIэ Джылахъстэнрэ (пщы лъэпкъ Ахълъохэрэ Мудархэрэ я къуажэхэр къызэщIиубыдэу).
Къэбэрдей ЦIыкIум пщы лIакъуитI щытепщэрт къэбэрдеипщ Инал нэху къытекIауэ. Пщыхэм нэчыхь зэпыщIэныгъэхэр хуаIэт Куржым, Дагъыстэным, Кърым, нэгъуей хъанхэм. Къэбгъэлъагъуэмэ, пщым хуитыныгъэ хэхахэр иIэт экономикэми политикэми епхауэ, и къулыкъури и щIэблэм щIэину къылъысырт. 
Ди зэманым Джылахъстэнейм иIыгъ щIыпIэр 8 хуэдизкIэ нэхъ мащIэщ, пасэм къызэщIиубыдэу щытам нэхърэ. Мудархэрэ Талъостэнхэрэ я тепщэгъуэм щыгъуэщ Къэбэрдей ЦIыкIум и щIыналъэр Къызлар нэсу, къумыкъухэмрэ шэшэнхэмрэ я гъунапкъэхэм пылъу, щыщытар. А зэманхэрщ Кавказым лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ нэхъыбэ дыдэ щызэхэс щIыналъэхэм Къэбэрдей ЦIыкIур яз щыхъуар. Адыгэхэм къищынэмыщIа, абдеж щыпсэурт шэшэнхэр, мэшкъышхэр, къущхьэхэр, нэгъуейхэр, дагъыстэным ис лъэпкъхэм щыщхэр.
Талъостэнхэ зэрыцIэрыIуэр я хахуагъэрт. Абыхэм емыкIуу къалъытэрт цIыхухъур куэдрэ псэуныр. А щхьэусыгъуэрат зауэхэм хэт зэпытурэ абы щIыхэкIуадэри. ИкIэм-икIэжым лъэпкъыр дунейм текIуэдыкIащ. Мудархэрэ абыхэм къатехъукIа Джылахъстэнхэри аращ я натIэ хъуар. Иужьрей лъэпкъым къыщIэуващ адыгэ лъэпкъ Бекович-Черкасскэхэр (анэм и лъэныкъуэкIэ).
Къэбэрдей ЦIыкIум ищIхэр фIэкIуэдын щыщIидзар Урыс-Кавказ зауэм и илъэсхэм тохуэ. Абы и щIыналъэхэм щаухуат Мэздэгу быдапIэр, Архонскэ, Ардонскэ станицэхэмрэ нэгъуэщIхэмрэ. Къэбэрдеипщхэу Абейм, Бещтокъуэм, Кургъуокъуэм, ХьэпцIэм я жылагъуэхэр, Сунжэ псыежэхым и Iуфэхэм Iусахэр, щIыпIэм къыIуахуат. Тэтэртуп районым кърахуат Щолэхъу, Къуэгъулъкъуей къуажэхэр, апхуэдэуи зэхэзехуэн хъуат Ардонрэ Псыхужьрэ Iуса Алиймырзэ, Тузар, Елъхъуэт, Ботэщей, Анзорей, Мэртэзей жылэхэри. А жылагъуэхэр псори зэбграгъэтIысыкIащ Тэрч, Курп, Урыху, Лэскэн, Дей псыежэххэм екIуэкIыу. Ачалук псыежэхым и кIэм 1830 гъэм итIысхьащ мэшкъышхэр. Нэхъ иужькIэ къэбэрдей пашэ Анзор Мухьэмэди ищIхэр къыIахащ, Владикавказ къэзакъ полкым папщIэ. Абы щIы десятин 30969-рэ къызэщIиубыдэрт. 
Урыс-Кавказ зауэр иуха нэужь, пащтыхь унафэкIэ, пщы Бекович-Черкасскэхэм ящIхэр (Мудархэ я щIэину къаIэрыхьахэр) къыIахын щIадзащ.
Къэбэрдей ЦIыкIум щIы бэлыхь бгъэдэмылъыжми, цIыху нэхъыбэ щыпсэу щIыналъэу щытт. Ауэ абы и гугъуехьри зэпхар апхуэдиз цIыхур зытелэжьыхьын щIы зэрамыIэжырт. Абы теухуауэ 1865 гъэм ящIа зы унафэм и дэфтэр щыIэщ: «…Дзэ Iуэхухэмрэ щIыр зэрытрагуашэ щIыкIэр зэрымыубзыхуамрэ кърикIуаращи, мы щIыпIэм щыпсэу лъэпкъхэм нэхъ гугъу, нэхъ зэмызэгъ Кавказ Ищхъэрэм искъым. Я бзэмрэ хабзэмрэ зэрызэтемыхуэм хуэдэу, зым адрейм худичыхыну хэткъым, псом хуэмыдэу щIы Iуэхум епхамэ… Абы къыхэкIыу 1866 гъэм Къэбэрдей ЦIыкIум къущхьэхэр ирагъэIэпхъукIыжащ (Осетин округым хиубыдэ Тагаурскэ, Куртатинскэ жылагъуэхэм щагъэтIысащ), шэшэнхэр - Шэшэным, мэшкъышхэмрэ карабулакхэмрэ - Назран лъэныкъуэкIэ, къумыкъухэр - Дагъыстэным и къуажэхэм. Сунжэрэ Курпыпсым и ижьырабгъу Iуфэмрэ Iуса адыгэ къуажэхэри абы щыгъуэм Курп и сэмэгурабгъумрэ Тэрч и ижьырабгъумрэ щагъэтIысащ. 1865 – 1866 гъэхэм къуажэхэр зэгуагъэхьэжурэ Къэбэрдей ЦIыкIум хыхьэ адыгэ жылэ 20-м япIэкIэ къуажэшхуэу 9 къызэрагъэпэщыжащ…»
  Абы щегъэжьауэ Къэбэрдей ЦIыкIум игъуэта гъунапкъэхэр иIэу зэманым къыдэгъуэгурыкIуащ икIи нобэми щIыналъэм адыгэхэр зэреджэр Джылахъстэнейращ.
1935 гъэм щIышылэм и 28-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ гъэзэщIакIуэ комитетым и Президиумым и УнафэкIэ Къэбэрдей ЦIыкIум и фIэщыгъэр Тэрч районкIэ зэрахъуэкIат. А илъэс дыдэм щIыналъэм и ищхъэрэ-къуэкIыпIэр щхьэхуэу Курп район ящIат. 
1944 гъэм Тэрч щIыналъэм аргуэру зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтащ - и ищхъэрэ лъэныкъуэр къыхагъэщхьэхукIри, Урожайнэ районыр къыщызэрагъэпэщащ. А илъэсым Курп районыр якъутэжри, абы ищIхэр, Курп Ищхъэрэ къуажэ советым къищынэмыщIа, Осетие Ищхъэрэ республикэм иратат. Курп Ищхъэрэ къуажэр Тэрч районым хагъэхьащ. Апхуэдэ дыдэу Урожайнэ районри зэхагъэкIыжри, абы ищIхэр Тэрчым иратыжат (1959 гъэм). 
1980 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу, Тэрч щIыналъэм километр зэбгъузэнатIэ 893,1-рэ къызэщIиубыдэрт, цIыху мин 42,8-рэ щыпсэурт. А зэманхэм ехъулIэныгъэхэр къагъэлъагъуэу щIыналъэм промышленнэ IуэхущIапIэу 7 щылажьэрт, иджырей Налмэс заводри яхэту. Районым и колхоз11-мрэ совхози 7-рэ яIэт мэкъумэшым хухахауэ щIы гектар 73 420-рэ. Медицинэ IуэхущапIэу 36-рэ лажьэрт. Курыт еджапIэ 22-м еджакIуэ10 578-рэ щIэст, ЩэнхабзэмкIэ унэу 15-рэ апхуэдиз дыдэ библиотекэрэ лажьэрт.
Мы зэманым щIыналъэм къуажэ 26-рэ зы къалэрэ къызэщIеубыдэ. Шэч хэмылъу, зы тхыгъэкIи тIукIи тхыдэр къыпхуэIуэтэнукъым, ауэ зэзэмызэ блэкIам сыхуеплъэкIыжарэт жыбоIэ, узэрыт зэманыр зыхуэдэмрэ къэкIуэнумрэ къыбгурыIуэну ущыхуейм деж. 
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: