НОБЭ

ШыщхьэуIум и 10, махуэку

1921 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, щIэныгъэлI Нало Ахьмэдхъан.
1929 гъэм къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Емуз Гъузер.
1930 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Горянка» газетым и япэ редактор нэхъыщхьэу щыта Сэбаншы Розэ.
1930 гъэм къалъхуащ литературэдж, Дагъыстэным щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Ержыб Аслъэн.
1940 гъэм къалъхуащ Сирием къикIыжа щIэныгъэлI, тхакIуэ Къумыкъу Мамдухь.
1940 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мызэущ Борис.
1948 гъэм къалъхуащ усакIуэ, тхакIуэ, «Адыгэ амазонкэхэр» тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Ахъмэт МуIэед.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 33 - 34-рэ, жэщым  градус 22 - 27-рэ щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Бжэн къуий бжьакъуэ лъыхъуэ ежьэри и тхьэкIумэ хилъхьащ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

13.05.2024 - 11:06 НОБЭ
08.05.2024 - 09:00 НОБЭ
07.05.2024 - 09:12 НОБЭ
06.05.2024 - 13:11 НОБЭ