НОБЭ

ШыщхьэуIум и 11, мэрем

1957 гъэм Москва щызэхуащIыжащ ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я VI дунейпсо фестивалыр. Хэкум ис адыгэхэмрэ хамэ къэралхэр IэмалыншагъэкIэ псэупIэ зыхуэхъуахэмрэ я лIыкIуэхэу а зэхуэсышхуэм хэтахэр абы щызэрыгъуэтыжауэ, я хъыбар щызэIэпахауэ щытащ.
1934 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Къаздэхъу СулътIан.
1945 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, РАЕН-м и член-корреспондент, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Елгъэр Анатолэ.
1966 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор ДзыхьмыщI Иринэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 31 - 33-рэ, жэщым градус 24 - 28-рэ щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Бжьахъуэм и фор зэбграхырти, езыми зы фо IэмыщIэ къыхихыжащ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

08.05.2024 - 09:00 НОБЭ
07.05.2024 - 09:12 НОБЭ
06.05.2024 - 13:11 НОБЭ
03.05.2024 - 09:08 НОБЭ