НОБЭ

ШыщхьэуIум и 14, блыщхьэ
Абхъазыр зыхъумэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. I992 гъэм Куржы-Абхъаз зауэм щIидзащ.
1932 гъэм Москва Союзхэм я унэм и Колоннэ залым цIыхубэ творчествэмкIэ щекIуэкIа зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм етIуанэ увыпIэр щаубыдащ.
1941 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, тхакIуэ Дыгъужь Къурмэн.
1948 гъэм къалъхуащ Тыркум щылажьэ КАФФЕД-м и президент къулыкъур зезыхьа, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэу щыта Джандемир (Гугъэв) Джихьан.
1961 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, КъШР-м, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ я журналист Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ.
1966 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Тхьэщыгъуей Жаннетэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 33-рэ, жэщым  градус 25 - 26-рэ щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Бзэр зэзым нэхърэ нэхъ дыджщ,
фом нэхърэ нэхъ IэфIщ, джатэм нэхърэ нэхъ жанщ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

13.05.2024 - 11:06 НОБЭ
08.05.2024 - 09:00 НОБЭ
07.05.2024 - 09:12 НОБЭ
06.05.2024 - 13:11 НОБЭ