ГъащIэм теухуа гупсысэхэр

Куэд щIащ абы лъандэрэ, илъэсипщIым нэблагъэ дэкIащ, ауэ ноби зэхэсх хуэдэщ а ныбгъуэ макъыр. Гуапэу, IэфIу сигу къинэжащ ар…
Пщэдджыжьым лэжьапIэм сынэсу си кабинетым сызэрыщетIысэхыу, сэ зэхэсхырт ныбгъуэ макъ гурыхьыщэ. ЩIыбым щIымахуэ уаер щытепщэрт, ауэ гъэмахуэ макъыр - ныбгъуэ цIыкIум къриш уэрэдыр гуапащэу си тхьэкIумэм къиIуэрт. Хьэуэ, си кабинетым щIэстэкъым а бзу цIыкIур икIи зэи сытеплъакъым абы, ауэ махуэ къэс зэхэсх и макъым сэ ар фIы дыдэу сигъэлъэгъуат. А макъыр къиIукIырт ди гъунэгъу унэм. Дауи, ныбгъуэ цIыкIур гъущI хъарым ис хъунт, Iэрыубыд ящIауэ, и уэрэд дахащэм едэIуэн щхьэкIэ.
Сыт хуэдизрэ зэхыумыхами, утезэшэнутэкъым а ныбгъуэ цIыкIум и уэрэдым. Сэ абы сигу къигъкIыжырт къуажэм щыкIуа си сабиигъуэр, ди губгъуэхэр, мэзхэр.
Апхуэдэу екIуэкIыурэ, щIымахуэр икIащ, гъатхэри абы кIэлыкIуащ. Гъэмахуэр къэсри, зыгъэпсэхуакIуэ сежьащ. Мазэ дэкIыу лэжьапIэ сыкъыщыдэкIыжам - ныбгъуэ цIыкIум и макъыр къэIужыртэкъым. Сыту пIэрэ къэхъуар? Сыпэплъащ етIуанэ махуэми, ещанэми - щымт. АфIэкI зэхэсхыжакъым ныбгъуэм, сымылъэгъуами ныбжьэгъу схуэхъуауэ щыта ныбгъуэ цIыкIум, и уэрэдыр. Тхьэм ещIэ абы и Iуэху зэрыхъуар.
Ауэ нобэми ар гуапэу сигу къокIыж. Iэджэ сщыгъупщэжащ, ауэ ар сщыгъупщэжыркъым.
***
Ди сабийхэр дэ дыздынэса лъагапIэм фIэкIын хуейщ. Абы щхьэкIэ адэ-анэхэр щытыпхъэщ космосым кхъухьхэр уэгум изыхьэ ракетэхэм хуэдэу.
***
Урыс усакIуэ цIэрыIуэ Сельвинский Илья и усэхэм ящыщ зым мыхуэдэу щетх: «Сэ соукIытэ, сэ нэхърэ нэхъыщIэ щылIэкIэ». ЦIыхугъэшхуэ пхэлъын хуейщ апхуэдэу жыпIэн щхьэкIэ.
***
Усэм и къалэныр цIыхум и гупсысэхэм, гурыщIэхэм хэсу ар игъэгуфIэныр, игъэгузэвэныр, игъэпIейтеиныр, игъэгубжьыныр е и гур игъэпсэхуныр - кIэщIу жыпIэмэ мамыру, къыхэщтыкIыншэу къимыгъанэу, абы и гурыщIэхэр, гупсысэхэр зэхэзехуэн ищIауэ, дунейм, гъащIэм, цIыхугъэм, нэгъуэщI куэдми и акъылыр, и псэ къарур нэсыф ищIыныр аращ.
***
Сыту куэд ухуей тхакIуэ Iэзагъэ уиIэн щхьэкIэ! Бзэр фIыуэ пщIэн къудеймкIэ ар зэфIэкIыу щытамэ, тхакIуэ Iэзэхэм я бжыгъэр куэд хъунт: бзэр фIы дыдэу зыщIэр мащIэкъым. Iэзагъэр, талантыр пыщIащ тхакIуэм и гъащIэ псом: и гупсысэхэми, и гурыщIэхэми, къиджами, а къиджар зэрыпкърызэгъами, абы къыхуихьа зыужьыныгъэми, и сабиигъуэр, и щIалэгъуэр зэрекIуэкIами, гъащIэм щыхуэза бэIутIэIухэми, и хьэлыр зыхуэдэми, нэгъуэщI куэдми.
***
Иджы къежьа хущхъуэхэмкIэ узэIэзэмэ, зыкъомрэ упсэунущ… факъырэ ухъуауэ.
***
УсакIуэр дунейм зэрытетыт махуэ къэс цIыхухэм къаригъэщIэн хуейщ газетхэм, журналхэм къытехуэ, телевидениекIэ, радиокIэ къат и тхыгъэхэмкIэ. Ар «лIэ» хъунукъым, псэуху.
***
 Абы и щхьэм Алыхьым куэд къритхат, арщхьэкIэ езым къеджэкIэ ищIэртэкъым.
***
Поэзие нэсым и къалэнщ езыр зей лъэпкъым и шыфэлIыфэр псалъэкIэ къигъэлъэгъуэну.
***
УтхакIуэмэ, мор стхынщ, мыр стхынщ, жыпIэу ущысурэ, зэманыр умыгъакIуэу, узытетхыкI стIолым нэхъыбэрэ узэрыбгъэдэсыным хущIэкъу. Шхэным ещхьу, тхэнми гукъыдэж къущитыр, сытхарэт, щыжыпIэр лэжьэн щIэбдза нэужьщ. ТхакIуэ IэщIагъэм и щэхухэм фIыуэ щыгъуазэу щыта Олешэ Юрий и къыхуеджэныгъэу щытащ: «Зы махуэ дэвмыгъэкI зы сатыр фымытхыу!» Абы къригъэкIыр махуэ къэс фытхэ жиIэу аращ.

 

Къагъырмэс Борис.
Поделиться: