ЗэIущIэ гуапэИджыблагъэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык къэкIуауэ щыIащ Москва къалэм и Правительствэм Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и Советым хэт, Урыс щIэныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, гъуазджэмрэ щэнхабзэмкIэ академием и академик, Москва къалэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт, Урысейм ис лъэпкъхэм я урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Тагашев Сергейрэ Москва и Къэрал Думэм и депутат, «Урысейр си унэщ, си унагъуэщ» Iуэхур зи жэрдэм, ар зи унафэм щIэту екIуэкI Мельниковэ Ольгэрэ. ХЬЭЩIЭхэр ди щIыналъэм щыIущIащ «Урысейм и щэнхабзэ фронт» зэщIэхъееныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, академик, ЮНЕСКО-м хэт, Дунейпсо Арт комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Бейтыгъуэн Iэуес. Ахэр тепсэлъыхьащ псэкупсэ гъэсэныгъэр гъэбыдэным, унагъуэм исхэм яку дэлъ зэхущытыкIэр егъэфIэкIуэным теухуа стIолхъурей ди щIыналъэм къызэрыщызэрагъэпэщынум, «Урысейр си унэщ, си унагъуэщ» фестивалыр зэрагъэхьэзырынум.
Поделиться:
Читать также:
03.05.2024 - 13:15 →
Мэрем фIыгъуэм зыхэвмыгъэкIыж
03.05.2024 - 12:26 →
Я нэIэм щIэтынущ
03.05.2024 - 11:18 →
Гъавэ бэвыр я плъапIэщ
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
|