Шынагъуэншэу екIуэкIын папщIэ

КъБР-м щыIэ Урысей гвардием и управленэм щызэхэтащ оперативнэ штабым и зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ Къэра­лыгъуэм и махуэр, Къалэм и махуэмрэ щIыналъэм и ­еджапIэхэм гъэ еджэгъуэщIэр зэраублэжымрэ теухуа зэ­хыхьэхэр щекIуэкIкIэ хабзэмрэ жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщыным. 

Урысей гвардием и республикэ управленэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей и унафэм щIэту екIуэкIа зэхуэсым кърихьэлIащ щIыналъэ управленэм и лэжьакIуэхэм­рэ дзэ къулыкъущIэхэмрэ, ЩэнхабзэмкIэ, Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ республикэ министерствэхэмрэ Налшык къалэ администрацэмрэ я лIыкIуэхэр. 
Оперативнэ штабым хэтхэр тепсэлъыхьащ 2023 гъэм фокIадэм и 1 - 9-хэм къриубыдэу екIуэкIыну Iуэхухэм зэгъусэу зэрелэжьынум. 
- Ди къарур зэдгъэуIумэ, зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр ­тхуэгъэзэщIэнущ, - къыхигъэщащ полицэм и полковник Ва­сильев Сергей. 

 

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться: