79 500-рэ хэщIыныгъэ

ШыщхьэуIум и 21-м Урысей МВД-м Аруан районым щиIэ къудамэм зыхуигъэзащ илъэс 37-рэ зи ныбжь цIыхубзым, Псыкуэд щыпсэум. ЗэрыжиIамкIэ, абы соцсетым къыщигъуэтащ цIыхухъу щыгъын зэращэр икIи къыхуагъэлъэгъуа счетым игъэкIуащ сом 5500-рэ, иужьым аккаунтыр зэхуащIыжащ, хьэпшыпыр къыIэрыхьакъым.
Мыри апхуэдэ зы Iуэхущ: илъэс 45-рэ зи ныбжь, Ново-Ивановскэ къуажэдэсыр Интернетым щрихьэлIащ квадроцикл зэращэм. Ар зыщэ хуэдэм хуэтхэри цIыхухъум къыхуагъэлъэгъуа счетым игъэкIуащ сом 74000-рэ, ауэ абы телефоныр къищтакъым, СМС-м жэуап къритакъым.

Мы тIуми ехъэлIа уголовнэ Iуэху къаIэтащ. 

Полицэм фигу къегъэкIыж: 
Онлайну фыщэхуэн ипэкIэ мыбыхэм гу лъыфтэ:
 - Уасэр мащIэщ. ЗекIуэ уасэхэм елъытауэ нэхъ пуду хьэпшыпхэр къыфхуэзыгъэлъагъуэ хъыбар е тыкуэн къэвгъуэтамэ, а Iэмалыр гъэпцIакIуэхэм къызэрагъэсэбэпыр зыщывмыгъэгъупщэ. 
 - Хьэпшыпым и уасэм щыщ етын. СатуущIым уасэм щыщ ипэкIэ хуэбгъэкIуэну къыпхуигъэлъагъуэмэ, псом хуэмыдэу электроннэу е нэгъуэщIым и цIэкIэ картэм ифлъхьэу, къывгурыIуэн хуейщ абы шынагъуэ зэрыпылъыр 
 Сыт гу зылъытапхъэр? ИнтернеткIэ щэхуэныр зэрыдзыхьщIыгъуэджэр зыщывмыгъэгъупщэ. ИпэкIэ уасэм щыщ хуэвутIыпщмэ шэсыпIэ лъэпкъ фиIэкъым ар къыватыжыну е хьэпшыпыр къыфIэрыхьэну, - къет КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэм. 

 

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться: