Iуэхум ущIэпIейтеин хэлъкъым

Мы махуэ хуабэхэм къалащхьэм псыр жэщым тIэкIу нэхъ мащIэу къыщат зэрыхъуам теухуауэ Налшык къалэ администрацэмрэ Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэмрэ къызэрыхагъэщамкIэ, щхьэусыгъуэхэр зыбжанэ мэхъу: дунейр щыхуабэм и деж цIыхухэм махуэм псы нэхъыбэ къагъэсэбэп. Абы къыхэкIыу жэщым насосхэр мащIэу ирашэх, къыкIэлъыкIуэ махуэм ар къаймымэщIэкIын хуэдэу къагъэсэбэпа псыр ирагъэхъужын щхьэкIэ. ЗыгуэркIэ псыр зэпэубыдыпа хъумэ, псызешэ машинэхэр щыIэщ.
Налшык къыдыхьэ псыр къызыхэкI «Кышпек» псы зэхуэхьэсыпIэ нэхъ ин дыдэр щаухуа зэманым цIыху мин 200-м нэблагъэм тращIыхьауэ арат. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы лъандэрэ къалэм щыпсэухэм я бжыгъэм хэхъуащ - иджыпсту цIыху мин 270-м нос. Фэтэр куэду зэхэт унэ зэтетхэм къищынэмыщIауэ, мин бжыгъэкIэ псэупIэ унэхэри яухуащ. Абыхэм хадэхэр, хьэмамхэмрэ псыгуэнхэмрэ яIэщ. 
 «Кышпек» псы зэхуэхьэсыпIэр зэрылэжьа апхуэдиз илъэсхэм сэкъат, дауи, игъуэтащ, иджырей мардэхэм тету зэгъэпэщыжын хуейуэ. Ауэ, дауэ мыхъуми, и къалэныр ноби егъэзащIэ. Накъыгъэм къеха псыдзэхэри зэран къахуэмыхъуу къэнакъым псыр зрикIуэ бжьамийхэми. 
ПсызэхуэхьэсыпIэр цIыху щхьэбжыгъэм тещIыхьауэ зэфIагъэхьэу жьы хъуа бжьамийхэр яхъуэжыну я мурадщ. Жэщым псым мащIэу кIэричми, махуэм ар цIыхухэм щахуримыкъу къэхъуркъым.
 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: