Май къалэм и нэгузегъэужьыпIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэIуахынущ «Kavkazland» нэгузегъэужьыпIэ парк. Ар туризмэм, спортым, узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж IэнатIэм, этнографием, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэми заужьыным хуэгъэзауэ щIыналъэм къыщрахьэжьэну Iуэху щхьэпэхэм ящыщ зыщ. НэгузегъэужьыпIэ паркыр щаухуэнущ Май къалэм.

 «Kavkazland» инвестицэ проектыр мы махуэхэм Май район администрацэм щекIуэкIа зэIущIэм утыку къыщрахьащ. Проектым и унафэщI Глашевэ Танзиля къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ «Kavkazland»-р зэрагъэзэщIэнум теухуауэ яубзыхуахэм, ухуэныгъэр езыгъэкIуэкIыну IуэхущIапIэхэм. «Сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзауэ проектыр зэрыдгъэзэщIэным дыхущIэкъунущ.  Абы и лъэныкъуэкIэ гулъытэшхуэ хуэсщIу къыхэсхащ Iуэхур езыгъэкIуэкIыну компаниехэр - ахэр фIым я фIыжхэрщ, а унэтIыныгъэмкIэ ехъулIэныгъэр зыIэрызыгъэхьахэрщ. Проектым и дэфтэхэр делIалIэу догъэхьэзыр. Ар сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзауэ утыку къитхьэнущ мазищ дэкIмэ», - жиIащ проектым и унафэщI Глашевэ Танзиля.

Паркым хухаха гектари 100 хъу щIыналъэ. Абы хэтынущ илъэс псом, гъэмахуэ лъэхъэнэм лажьэ, цIыхубзхэм папщIэ аквапаркхэр, аттракционхэр,  спорт ухуэныгъэхэр, американ бгы дэжей-къежэххэр. КъищынэмыщIауэ, я мурадщ Урысейм и щIыналъэ псоми къикIа сабий 1000-м зыщагъэпсэхун лагерь къызэIуахыну. Сабий зи гъусэ адэ-анэхэм папщIэ коттедж щхьэхуэхэр яухуэнущ, апхуэдэуи хьэщIэщ ящIынущ.

Глашевэ Танзиля къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым туризмэм щыхурагъэджэну гуп щхьэхуэ къыщызэрагъэпэщыну зэрамурадыр, иужькIэ ахэр «Kavkazland»-м щылэжьэн хуэдэу. «Лэжьыгъэ IэнатIэ 1200-рэ къызэIутхынущ. ИлъэситIым къриубыдэу (2024 – 2025 гъэхэм) ухуэныгъэр хьэзыр тщIыну догугъэ. Кавказ Ищхъэрэм къищынэмыщIауэ, Урысейм и щIыналъэ псоми къикI зыгъэпсэхуакIуэхэр къедгъэблэгъэфынущ. Уасэхэр егъэзырабгъуу щытынущ, дэтхэнэ зы унагъуэми къытемыхьэлъэу аквапаркым зыщигъэпсэхуным тещIыхьауэ», - жиIащ Глашевэ Танзиля.

ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться:

Читать также: