Сыт щIыхэхъуэр?

Уасэхэр

Дэ десэжащ ди къэралым уасэхэр зэрыщыдэкIуейм. Уеблэмэ, дыпоплъэ икIи дыщIэгужьеин щыIэу къэтлъытэркъым. КIэщIу жыпIэмэ, дыхуей-дыхуэмейми, драгъэсащ, драхулIэри. Ауэ зэм-зэм мыпхуэдэ упщIэ дигу къокI: Сыт щхьэкIэ? Сыт, псалъэм и хьэтыркIэ, щIыдагъэр щылъапIэм и мызакъуэу щыпудми, бензиным и уасэм зыщIиIэтыр? Щапхъэхэр гъунэжщ. А упщIэр сыт щыгъуи жэуапыншэу къонэ…

Газетхэр абы зэрытепсэлъыхьрэ куэд щIащ. Абыхэм Iэджи зэпалъыт, зэрагъапщэ, ауэ апхуэдэ щытыкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зэрызихъуэжынур къахуэлъагъуркъым. УФ-м СтатистикэмкIэ и къэрал комитетым къитахэм ятепщIыхьмэ, мазэ и пэкIэ Урысейм бензин литрым ику иту щиуэсащ сом 49,44-рэ. Ауэ а бжыгъэм зыри къыбжиIэркъым щIыналъэхэм уасэхэр зэрыщызэхуэмыдэм къыхэкIыу: Челябинск областым сом 44,9-кIэ къыщащэхумэ, Чукоткэм сом 60 щыщIат. Зэрытлъагъущи, сом 15-кIэ зэщхьэщокI. Апхуэдэ дыдэу зэщхьэщокI мазэ улахуэмкIэ я машинэхэм гъэсыныпхъэу ирагъэхъуэфынур зыхуэдизри. Нэхъыбэ дыдэ зи фэм дэхуэнур Ямало-Ненец автоном областым щыпсэухэрщ- литр 2581-рэ. Абы къыкIэлъокIуэ Москва - литр 2222-рэ, Чукоткэ АО-р-литр 2119-рэ, Ненец автоном округыр - литр 1885-рэ… Ауэ Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм, Ивановэ областым, Кърымым я цIыхухэм яхузэфIэкIынур мащIэщ.- Ингушым-литр 605-рэ, Шэшэным - литр 610-рэ, Дагъыстэным- литр 642-рэ. Жыжьэ унихьэсынукъым ди Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщекIуэкIми  -литр 637-рэ. Пэжу, шыщхьэуIум и 1-м ди лъахэм бюджетым ирипсэухэм я лэжьапщIэхэм проценти 10 къыщIагъуну дыкъагъэгугъащи, а бжыгъэм зы тIэкIукIэ зиIэтыну къыщIэкIынущ (ар, дауи, езы гъэсыныпхъэхэм я уасэхэр я пIэ итмэ). 
ГъэщIэгъуэнщ, ауэ бензиныр щылъапIэщ къэрал куэдым. Абыхэм ящыщу япэ итщ Норвегиер- зы литрым доллари 2,27-рэ. КъакIэлъокIуэ Инджылызыр - доллар 1,84-рэ, Мексикэм - доллар 1,44-рэ. АрщхьэкIэ Венесуэлэм, Ираным, Ливием, Алжирым, Кувейтым щыпуд дыдэщ. Мыбдежым щыдолъагъу щIыдагъэ къыщыщIаш къэралхэми уасэхэр егъэлеяуэ зэрыщызэщхьэщыкIыр. Пэжщ, дэтхэнэ къэралми абы ехьэлIауэ и щхьэусыгъуэ иIэжщ. Дэ ди дежкIэ нэхъыщхьэр гъэсыныпхъэр иджы ди деж апхуэдизу щыдэкIуеиныр къызыхэкIар икIи уасэхэр къыщызэтеувыIэнур тщIэнырщ.
IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, иджырей щытыкIэр къыхэкIащ Iуэху зэмыщхь куэдым.
Япэрауэ, шэч хэмылъу, инфляцэ IэубыдыпIэншэм ижь къыщIихуащ. ЕтIуанэрауэ, дэ зыхэдмыщIэ щхьэкIэ, щIэупщIэм хохъуэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, абы нэхъ хуэныкъуэ мэхъу дзэр, иужь зэманым зызыубгъу автотуризмэр. Зыщыгъэгъупщэн хуейкъым цIыху къезышэкI кхъухьлъатэхэм нэгъуэщI къэралхэм кIуэн папщIэ нэхъ гъуэгуанэ кIыхь зэпачын хуей зэрыхъуар. Ещанэрауэ, гъэмахуэм и пэщIэдзэм щIыдагъэм елэжь IуэхущIапIэ зыкъом къагъэувыIащ я лъэщагъхэр зэрагъэпэщыжын, пкъыгъуэхэр зэрахъуэкIын папщIэ (илъэс къэс апхуэдэ къохъу). ЕплIанэрауэ, правительствэм щIыдагъэ къыщIэзышхэм зэрызащIигъакъуэ ахъшэр игъэмэщIащ (наIуэу зэрыщытщи, къэрал кIуэцIым къыщагъэсэбэп гъэсыныпхъэр къэзыутIыпщ компаниехэм нэхъапэм нэхъыбэ ирату щытащ).
Зэрытлъагъущи, щхьэусыгъуэхэр щыIэщ. ЩытыкIэм зимыхъуэжыну пIэрэ?
Уасэхэм псынщIэу дэкIуейуэ хуежьэмэ, къэралым ахэр къызэтригъэувыIэфынущ. Апхуэдэу къэхъуауэ щытащ 2005 гъэми, 2018 гъэми - абы щыгъуэм мазэ бжыгъэкIэ уасэхэр я пIэ ирагъэкIатэкъым.
Псори гурыIуэгъуэ хуэдэщ, ауэ бензиным иужькIэ зимыIэтыну пIэрэ цIыхухр зэрызекIуэ транспортым щIат пщIэми? Апхуэдэ къэхъункIэ зыхуэIуа щыIэкъым: бензиным и уасэхэм хэхъуэмэ, щIыналъэ властхэм зекIуапщIэри драгъэкIуеифынущ.
IэщIагъэлI языныкъуэхэм къалъытэ бжьыхьэм и деж дагъэгъэсынхэм хуэныкъуэхэр нэхъ мащIэ хъуну. Правительствэми иIэтыжыну къыщIэкIынущ щIыдагъэм елэжьхэм зэрызащIигъкъуэ ахъшэр. Дыщыгугъынщ нэхъыфIым.   

 

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: