Сом минитI - илъэситI

Ди къэралыр Iулъхьэхэм пэщIэтыным егъэщIылIа лъэхъэнэщIэм хохьэ. Загъэпсэхун и пэкIэ Къэрал Думэм и депутатхэм къыхалъхьащ сом мини 10-м нэс Iулъхьэ къеIызых къулыкъущIэхэм тралъхьэ тезырыр ягъэткIиину. Зыхуэфащэ зэгъэзэхуэжыныгъэхэр хабзэм хагъэхьэмэ, иджы апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зылэжьахэр илъэси 3-м къыщыщIэдзауэ 4-м нэскIэ ягъэтIысынкIэ хъунущ, я мылъкури къытрахынущ.

ЗанщIэу къыхэдгъэщхьэхукIынщи, ди жылагъуэр апхуэдэ жэрдэмым зэрыбгъэдыхьар зэтехуэркъым. Языныкъуэхэм ар егъэлеяуэ къалъытэ. Сыт, жаIэ, псалъэм и хьэтыркIэ, зи сэбэп къокIа дохутырым е егъэджакIуэм сом мин-минитIкIэ уахуэупсэ щIэмыхъунур? Ауэ Iуэхур здэщыIэр аракъым.
Ди цIыхухэм я гур зэщигъэуащ блэкIа лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм Урысейм щызэхащIыхьа хьэдэгъуэдахэхэм. ТхылъымпIэхэр зэIэпахыурэ, хьэгъэщагъэ защIэкIэ къэралым и мылъкушхуэ зыIэрагъэхьащ зыми щымыщу. АпхуэдизкIэ удэфахэти, хэбгъэзыхьмэ, зыщIауфэжыртэкъым: щыкIахэт. Абы кърикIуар гурыIуэгъуэщ: мылъкур зэхадыгъуащ мелард бжыгъэкIэ, хамэ къэралхэм яшащ. Иджыпсту къэбгъуэтынущ дунейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм унэ уардэхэр, я нэгу зыщрагъэужьыну хыхэмрэ тенджызхэмрэ зэрытехьэ кхъухьхэр, хьэщIапIэ зэрыкIуэ кхъухьлъатэхэр зиIэ къулеижьхэр. Абыхэм ящыщу къыщIэхуахэм яхэтт къулыкъушхуэ зыIыгъхэри, депутатхэри, нэгъуэщIхэри. Абы къыхэкIыу мылъку зэзылъэфалIэхэр жэуапым зэрырашалIэ хабзэр ягъэткIиящ. Апхуэдэхэр илъэс бжыгъэ куэд ятелъу ягъэтIыс, уеблэмэ игъащIэкIэ къимыкIыжыну ягъакIуи къахокI. Жылагъуэм деIыгъ апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр. АрщхьэкIэ нэхъ щIэпхъаджагъэ жьгъейхэм щхьэкIэ къуэншам и щхьэхуитыныгъэр тепхыныр мыIэмалыншэу щыт?

Коррупцэм пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым и Iэтащхьэ Кабанов Кирилл Iуэхум нэгъуэщIу йоплъ. «Iулъхьэм и бий бэнэныгъэр гъэлъэщын хуейщ, - жеIэ абы. - Мыбы епха щIэпхъаджагъэ жьгъей щыIэкъым. Дигу къэдгъэкIыжынщи, 2004 гъэм и шыщхьэуIум Домодедовэ аэропортым телъэтыкIа кхъухьлъатитIым къащыщIар. Езыхэри хэкIуэдэну зызыгъэхьэзыра цIыхубз террористкитIым сом мини 2 Iулъхьэу ятри кхъухьлъатэм итIысхьэн яхузэфIэкIащ. Къэхъуам уи гур егъэуз - цIыху 89-рэ хэкIуэдащ. Апхуэдэ дыдэу фщIэжу къыщIэкIынщ 2009 гъэм и дыгъэгъазэм Пермь къалэм и «Шы щIакъуэ» жэщ клубым къыщыхъуар. МафIэм апхуэдиз цIыху хисхьэнутэкъым, унэм и щытыкIэр къэзыпщытам и къалэнхэр тэмэму игъэзэщIатэмэ. Абы Iулъхьэ иратауэ сэтей къащIыфакъым, арщхьэкIэ сом мин зытхух зэрыхуашиям шэч къытумыхьэми хъунущ".
Кабановыр дауи, захуэщ. ИкIи Iуэхур зэлъытар сом мин мащIэркъым, атIэ абы къишэнкIэ хъуну шынагъуэрщ.

Иужь зэманым зыкъомкIэ кIэрыхуащ мыпхуэдэ щIэпхъаджагъэхэм я бжыгъэм. Ди гъащIэм IэмэпсымэщIэхэр жыджэру къыхохьэ. Къапщтэмэ, дэ гу лъыдотэ уэрамхэмрэ гъуэгухэмрэ къэрал автоинспекторхэр хэпщIыкIыу нэхъ мащIэ зэрыщыхъуам. Ахэр зэрахъуэкIащ камерэхэм. Ауэ иджыри къэнащ къэпщытакIуэхэм елъыта куэд. Абы щыгъуэми, ди шынагъуэншагъэр къызэзыгъэпэщыр ахэращ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абыхэм сом минитI Iулъхьэу къыIахынукъым, апхуэдиз илъэс бжыгъэ тралъхьэу зэрагъэтIысынур ящIэу щытмэ.

    

 

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: