ЩыIэкIэ-псэукIэр езыгъэфIакIуэщ

«Бизнес-спринт» ( Сэ спортыр къыхызох) къэрал пэхуэщIэм хиубыдэу Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэ №1-м и пщIантIэм щаухуэ «спорт утыку губзыгъэ» зыфIащар. Ар тренажёрхэмкIэ къызэрагъэпэщынущ, къэжыхьыпIэ, футбол, волейбол, баскетбол джэгупIэхэр иIэнущ. Иужьрейхэр къращIыкIынущ цIыхур фэбжьхэм щызыхъумэ иджырей лъащIэхэмкIэ.
Иджыпсту ухуакIуэхэм и кIэм нагъэс утыкум и лъабжьэр. Ар зэрызэфIэкIыу Iэмэпсымэхэр ягъэувын щIадзэнущ. Лэжьыгъэ псори зэфIагъэкIынущ фокIадэм ирихьэлIэу. 
ЩIыналъэ гъуэгу фондым къыхэкIыу къыхуаутIыпща ахъшэмкIэ Звёзднэ жылэм щызэрагъэпэщыж километри 2,5-рэ зи кIыхьагъ, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр. Абы тетщ курыт школыр, сабий садыр, амбулаторэр. Абы къыкIэлъыкIуэу къагъэщIэрэщIэжынущ километри 2,4-рэ зи кIыхьагъ къуажэм хуэкIуэ гъуэгур. 
Гъуэгум телъ асфальтыр зэрахъуэкIынущ, зэпрыкIыпIэхэр шынагъуэншэу щытын хуэдэу, гъуэгу дамыгъэхэр тращIэнущ. Лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIынущ фокIадэм и япэ махуэхэм ирихьэлIэу.
«Къалэм и теплъэр егъэфIэкIуэн» пэхуэщIэм хиубыдэу, мы къуажэм зыхуей щыхуагъэзащ унэ бжэIупэу 8-рэ къуажэкум хуэзэ лъэс зекIуапIэмрэ.
ЦIыхухэм я дежкIэ тыншыгъуэщ лъэс лъагъуэхэм къазэрыхэхъуар, уэрамхэр къызэрагъэнэхуар, жылэр зыгъэдахэ архитектурэ ухуэныгъэ мыинхэр зыхуей зэрыхуагъэзар.
 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: