Я нэIэ тетщ

Каменкэ жылагъуэм зыхуей щыхуагъэзащ Хэку зауэшхуэм хэтахэм я фэеплъымрэ абы и хъуреягъымрэ.
Абы пэгъунэгъуу щыщIалъхьащ а къуажэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыщыIэщIахыжым хэкIуэда зауэлIхэр. Ахэр 8 хъурт. Фэеплъым тетхауэ тетщ абыхэм я цIэхэмрэ унэцIэхэмрэ. 
IэщIагъэлIхэр йолэжь Шэджэм къалэм дэт фэеплъми. Абы къызэщIиубыдэ скульптурэ гупым я къэгъэщIэрэщIэжыным зэман нэхъ текIуэдэнущ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэмрэ я кхъащхьэхэмрэ зэIузэпэщ щIыным теухуауэ Урысейм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм къыхилъхьа Iуэхум хиубыдэу.
 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: