И зэфIэкIыр Мэзкуу щигъэлъэгъуэнущУрысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэ къэрал кIуэцI къулыкъум и майор Шэшэн Аслъэн бжьыпэр щиубыдащ «Урысей ФССП-м и дознаватель нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм и етIуанэ Iыхьэм. Ар щекIуэкIащ Урысей ФССП-м и Управленэ нэхъыщхьэм и еджапIэ-методикэ центрым и хэщIапIэу Ростов областым щыIэм. Зэпеуэм щытекIуамрэ увыпIэ нэхъыщхьэхэр зыубыдахэмрэ къыхахащ абы хэтахэм я лэжьыгъэмрэ я IэщIагъэм зэрыхуэщIамрэ елъытауэ. Абыхэм ягъэлъэгъуащ къэралым щызекIуэ хабзэхэм зэрыхащIыкIыр, ахэр къазэрыхуэгъэсэбэпыр. Зэхьэзэхуэр къэзыпщыта комиссэм и унафэкIэ нэхъыфIу къалъытащ Шэшэн Аслъэн. Иджы ар ди щIыналъэм и цIэкIэ хэтынущ икIи къэралым и дознаватель нэхъ лъэщ цIэм щыщIэбэнынущ бжьыхьэм Мэзкуу щыщекIуэкIыну кIэух зэпеуэм. ДыщIыдгъужынщи, илъэс къэс ирагъэкIуэкI мы зэпеуэм и купщIэ нэхъыщхьэр суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и лэжьыгъэмрэ а IэнатIэм пэрытхэмрэ я Iуэху зехьэкIэр егъэфIэкIуэнырщ.
БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
|