ПщIыхьэпIэм хуэдэт,
ауэ нахуапIэт
Кфар-Камэ къуажэр, шэч хэмылъу, адыгэ лъэпкъым и жылэхэм къахэлыдыкI щIыпIэщ. Узэхъуэпсэнщ икIи щапхъэ зытепхын къуажэщ ар. Иджы ещанэу Кфар-Камэ сыщыIащи, шэч къытезмыхьэу жысIэфынущ: нэхъ къуажэфI слъэгъуакъым. Абы ущыдэткIэ, нэм илъагъури тхьэкIумэм зэхихри щIэщыгъуэщ икIи гуапэщ. Зы пщIыхьэпIэ гуэрым укъыщыхута хуэдэу къыпщохъу, ауэ псори нахуапIэщ. Хэхэсхэми, адэжь хэкум пэIэщIэхэми, адыгэхэр щыпсэу адрей щIыпIэхэм елъытауэ цIыхущхьэкIэ нэхъ мащIэми, я анэдэлъхубзэр яхъумэу, ар ягъэшэрыуэу, тхыдэм хащIыкIыу, хабзэ яхэлъу, зэрылъытэу мэпсэу.
Къуажэм илъэс къэс адыгэ щэнхабзэм и фестиваль ин щызэхашэри, хьэщIэ куэд кърагъэблагъэ. Израиль къэралыгъуэм ису хъуар а махуэм Кфар-Камэ къыщызэхуэсу къыпщохъу. Сэри абы дэт жылэ Хасэмрэ Адыгэ Республикэм и Хасэмрэ я фIыгъэкIэ, мы гъэм фестивалым сыхэтыну си насып къихьащ.
ГуфIэгъуэм и джэрпэджэжыр адыгэ псоми ялъоIэс
Илъэс къэс зы адыгэ къэфакIуэ гуп ирагъэблагъэ къуажэм. Мы гъэм фестивалым хэтар Тыркум щыIэ Эскишехир къалъэм никIахэрт. «Щыблэ» къэфакIуэ гупыр зы тхьэмахуэкIэ Кфар-Камэ щыхьэщIащ. Илъэс къэс гуп зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрырагъэблагъэм щхьэусыгъуэ иIэщ.
- МыхьэнитI иIэщ мы Iуэхум, - жеIэ къуажэ тхьэмадэ Нэпсо Закарие. - Псалъэм папщIэ, иджы къытхуэкIуа, Эскишехир щыщ къэфакIуэ гупым ди утыкур ягъэбжьыфIэн къудейкъым. Эскишехир адыгэ къуажэ 30 хуэдиз къедзащ, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэууэ. Ар цIыхухэм ящIэркъыми, мис ар яжетIэну аращ ди япэ пщэрылъыр. ЕтIуанэрауэ, ди хьэщIэхэр къызыхэкIахэми Кфар-Камэ и хъыбар ялъэдгъэIэсыну дыхуейщ. Аращи, зэхыхьэн-зэхэкIыным и фIыгъэкIэ, зэлъэп- къэгъухэр зэрощIэ.
Кфар-Камэ гъэщIэгъуэн куэдкIэ бейщ, ауэ фестивалыр щекIуэкI тхьэмахуэм адыгэ псоми я плъапIэщ жылэр. Фестиваль махуэхэр хьэщIэхэми бысымхэми я дежкIэ махуэшхуэщ, абыхэм Израилым и щIыпIэ дахэхэр ирагъэлъагъу, нэхъыщхьэращи, зэлъэпкъэгъухэм зэдагъакIуэ зэманыр гум IэфIу къонэж.
Япэ пшыхь
Кфар-Камэ фестивалыр пщыхьэщ- хьитIкIэ йокIуэкI. Япэ махуэм жылэм и уэрамхэм зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр щокIуэкI. ЦIыхухэр, хы уэрым хуэдэу, къуажэм къыдохьэ. Махуэ псокIэ зыплъыхьакIуэхэм къыщакIухь, адыгэ къуажэм нэIуасэ зыхуащI. Адыгэ лъэпкъ пщIантIэу абы дэтым ирагъэблагъэ, адыгэхэм ятеухуа хъыбархэр хуаIуатэ, адыгэ къафэхэм ирагъэплъ, лъэпкъ шхыныгъуэхэр Iуагъахуэ. Кфар-Камэ къакIуэу зыщаплъыхьын папщIэ гъуэгуанэшхуэхэр къызэпач зекIуэ къежьахэм икIи ялъагъур апхуэдизкIэ яфIэтелъыджэщи, езэшыркъым.
Махуэшхуэр теплъэгъуэ куэду зэхэтщ: мыбы щэн-къэщэхунри, къэфэн-джэгунри щызэгъусэщ. Кфар-Камэ дэт тыкуэнхэм, шхапIэхэм, пщэфIапIэхэм зы уэрам яхухэхащи, ящI псори ящэ. А Iуэхуми щхьэусыгъуэ иIэу илъэсих и пэ хагъэхьащ фестивалым.
- Дунейр иджы зэрыхъуар аращи, уи цIыхухэр зыгуэрым ебгъэгупсысын, и пэкIэ бгъэкIуэтэн хуей щыхъукIэ, хьэрычэтыщIэ Iуэхури абы хэтыпхъэщ, - жеIэ Нэпсо Закарие. - Мыбы къекIуалIэ зи щIалэгъуэхэм бизнесыр зищIысыр зрагъащIэ, сату Iуэхум зыщагъэгъуазэ.
Лъэпкъ нэщэнэ псори
щыболъагъу
Адыгэ лъэпкъым и хъыбар кфаркамэдэсхэм Израилым зэпымычу щаIуатэ. Мы къуажэм лъэпкъым и нэщэнэ псори щыплъагъунущ. Жылэм и уэрамхэм я цIэхэр адыгэбзэкIэ тетхащ, адыгэ ныпыр дэнэкIи щыфIэдзащ, адыгэбзэ къабзэ щоIу, цIыкIуи ини я анэдэлъхубзэр ящIэ, адыгэ макъамэхэр къыщрагъауэ.
ЩащIхэмрэ щащэхэмрэ я гугъу пщIымэ, унагъуэ къэс езым и ахъшэ къэлэжьыкIэ иIэжщ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, илъэс 11 хъуауэ Тхьэухъуэхэ Нухьрэ Сарэрэ адыгэ кхъуей хах. Къуажэдэсхэм я мызакъуэу, Iэгъуэблагъэм щыс нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIахэми ящэху адыгэ кхъуейр, зыплъыхьакIуэ къыдыхьэхэми зэбграх. КIэщIу жыпIэмэ, Кфар-Камэ дэт адыгэ кхъуей щыхах-щащэ «Iуащхьэмахуэ» IуэхущIапIэм и цIэр жыжьэ Iуащ.
«Мазэнэ» шхапIэми адыгэ кхъуей дэлъу щагъажьэ хьэлывэр псынщIэ дэдэу зэрыпщтыру зэбграхыу апхуэдэщ.
Фестиваль махуэхэм къуажэм и нэхъ уэрам кIыхь дыдэм бэзэр къыщызэIуах-ри, хэт сыт и щIыфми щащэ, щагъэлъагъуэ. Абы ипщэкIэ «Ди псэ» къуажэ ансамблым зыкъыщегъэлъагъуэ, ищхъэрэкIэ хьэщIэу къэкIуа ансамблым концерт щет. Махуэм и кIыхьагъкIэ а уэрамыр цIыхуншэ хъуркъым. Ахэр мэгуфIэ, мэджэгу, мэщахуэ, машхэ. Зы пщыхьэщхьэм къриубыдэу а уэрамым цIыху мини 4 хуэдиз ирокIуэ.
ЕтIуанэ пшыхь
ЕтIуанэ махуэми фестивалым къыпащэри, къуажэм дэт концерт гъэлъэгъуапIэ зэIухам цIыхухэр къыщызэхуос. Абы цIыху мин зыбжанэ йохуэ. Адыгэхэм нэмыщI, адыгэ джэгум еплъыну, адыгэ уэрэдхэм едэIуэну турист мин зыбжанэ Кфар-Камэ къыщызэхуос. Къуажэм и «Ди псэ» къэфакIуэ гупымрэ Эскишехир Хасэм и «Щыблэ» ансамблымрэ чэзууэ утыкум къытохьэ. Абыхэм Iэгуауэ ин хуаIэту, я гур хэхъуэу зэхэсщ къекIуэлIахэр.
Эскишехир тырку къалэм Хасэ ин щолажьэ, абы ныбжьыщIэхэри нэхъыжьхэ-ри щызэхуозэ, къэфэкIэ щызэрагъащIэ. Израилым гупышхуэ къэкIуат Хасэ тхьэмадэри къэфакIуэ гупыр зыгъасэри яхэту.
Лъэпкъ лъэмыж
- Мыпхуэдэ фестивалхэр къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм нэхъыбэрэ щызэхашэми ди гуапэ хъунут, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ, - жеIэ Эскишехир Хасэм и тхьэмадэ Тэнащ Джихьэн. - Мыр адыгэхэм лъэпкъ лъэмыж яхуохъу жыпIэмэ, ущыуэнукъым, зэлъэпкъэгъухэр зэрегъащIэ, нэIуасэ зэхуещI, ныбжьэгъу зэхуохъу. Фестивалыр еух, ауэ ныбжьыщIэхэм я зэныбжьэгъугъэм къыпещэ, нэхъ быдэ хъу зэпытщ. Апхуэдэуи бзэр, хабзэр хъума хъунымкIэ апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр хуабжьу сэбэпщ.
Кфар-Камэ щекIуэкIа фестивалым я нэгу зрагъэужьын мурадкIэ, турист мини 5 хуэдиз къекIуэлIащ, абыхэм яIуэтэжынущ адыгэм и щэнхабзэр зыхуэдэр. Ауэ дэркIэ нэхъыщхьэр абы адыгэхэр зэрыщызэрыцIыхуращ, адыгэ макъамэм я гум жьы зэрыдригъэхур уасэншэщ. Израилым ит етIуанэ адыгэ къуажэми, Рихьэние, дэсхэр къэкIуат а пщыхьэщхьэм гъунэгъу жылэм.
- Псом нэхърэ нэхъыщхьэр адыгэхэм я хъыбарыр нэхъыбэм къедгъэщIэнращ. Кфар-Камэрэ Рихьэнисрэ дэс адыгэ мини 5-м я мызакъуэу, адыгэ лъэпкъ зэрыщыIэр, ахэр мелуан бжыгъэ зэрыхъур, хэку дызэриIэр ящIэну дыхуейщ дызыхэс лъэпкъхэм. Апхуэдэуи ди адэжь щIыналъэр зэрыдахэр яхудоIуатэ. Фестивалхэри ди лъэпкъым и хъыбархэмкIэ доублэри, абыкIэ доухыж, - жаIэ кфаркамэдэсхэм.
ЗэIущIэ гуапэхэр
Кфар-Камэ фестиваль махуэхэм адыгэ макъамэр щхьэщыкIыркъым, концерт нэужьхэм джэгухэр зэхашэ, зэлъэп- къэгъухэр зэхэмыкIыжыфу жэщыр хэкIуэтэху мэтхъэж. ХьэщIэхэр щыщыIэ тхьэмахуэр абыхэм я дежкIэ лъэпкъ махуэшхуэ мэхъу. Илъэсым зэ къахуохуэ апхуэдэ IутIыж. Абы хьэщIэу къеблагъэхэр трагуашэри, унагъуэхэм яхэсщ, зыхуей хуэзэу ягъэхьэщIэ.
Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа зыплъыхьакIуэхэм нэмыщI, мы жылэм уащыхуозэ нэгъуэщI къэралхэм къикIа адыгэхэми. Апхуэдэу фестивалым и япэ пшыхьым сыхуэзащ Махуэхьэблэ щыщ дохутыр цIэрыIуэ Цей Ирхьан.
- Фестивалым ирезгъэхьэлIэри, мыбы дэс си Iыхьлыхэм я деж сыкъэкIуащ, - жеIэ Ирхьан. - Мы гъэм япэу сыкъэкIуауэ арами, си унэ сыкъихьэжам, си къуажэ сыкъыдыхьэжам хуэдэу сыкърагъэблэгъащи, слъагъу псори си дежкIэ тхъэгъуэщ.
КъэпIуатэкIи пхуэухыркъым
НэгъуэщI къэралхэм къыщалъхуауэ, къыщыхъуауэ Кфар-Камэ псэупIэ зыхуэхъуахэри щыIэщ. Языныкъуэхэр нысэу къашащ, адрейхэр жылэм щыщ бзылъхугъэ щхьэгъусэ яхуэхъури, адыгэ къуажэм къыдэтIысхьэжащ.
Абы къыхэкIкIэ, хамэ къэралхэм къикIа адыгэ куэд щопсэу Кфар-Камэ, унагъуэ хъуауэ, сабий япIуу. А цIыкIухэм я дежкIи сэбэпщ фестивалыр, адыгэ зэхэтыкIэр щапхъэ яхуохъу, адыгэгу яIэу къэхъунымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ.
Къуажэр махуэ къэс йофIакIуэ жыпIэкIэ, ущыуэнукъым. Туризм и лъэныкъуэкIэ къуажэ нэхъыфIу ЮНЕСКО-м къилъытащ Кфар-Камэ. Абыи IэмалыщIэхэр къаритауэ, жылэм нэхъри зрагъэужь.
Кфар-Камэ и хъыбар къэпIуатэ зэпытми, пхуэухынукъым. Мы адыгэ къуажэ зэкIужым и псэукIэм, щыпсэу унагъуэхэм, щалэжьхэм ятеухуа тхыгъэ иджыри стхынущ.
ГъукIэлI Сусаннэ,
АР-м щIыхь зиIэ и журналист.
Сурэтхэр Выщхьэ Iэдэм трихащ.