МАЗЭР ЩЫХЬЭТУ

Iуэтэж
(Япэ Iыхьэ)

Щоджэнокъуэ ШужьейкIэ еджэу Къэбэрдейм зы пщы цIэрыIуэ исащ. Ар ябгэм и ябгэжт, залымым и залымыжт. АбыкIэт зэрыцIэрыIуэри. Шэшэн е къущхьэ хьэщIэ къыхуэкIуамэ, «зэрызакъригъэцIыхухэм» ящыщ зы Iэмалт мыр: яшхэр игу иримыхьамэ - я щхьэхэр пыупщIауэ, шы фIэдзапIэм фIэлъу нэху къригъэкIырт. Пщэдджыжьым хьэщIэхэр езым шэщым щIишэнти, къэуIэбжьа я нэгухэм иплъэу, ящыдыхьэшхынт, ауан ищIынт.
- Шы и фейцейрэ лIы и хуэмыхурэ слъагъункIэ Iэмал иIэкъым, - жиIэрт абы. - Модэ си хъубжэм фыхэплъи, къэвубыдыфыр фыфейщ. ЛIыгъэр фхуримыкъумэ, абы щыгъуэм Щоджэнокъуэм хьэкъ телъыжкъым. Шы Iэпслъэпсыр фи щIыбырыдзэу фыдэкIыжынщ...
Пщы ябгэм хъуэпсапIэу иIэр зы къуэ къыхуалъхунырт. Ауэ зыщыгугъа къуэм и пIэкIэ хъыджэбз цIыкIу дунейм къыщытехьэм, Щоджэнокъуэм и щхьэр къыфIэхуащ.
Абы иужькIэ пщым арыншэми зыхуэмыарэзы и щхьэгъусэр нэхъри илъагъу мыхъу хъуащ. Сабийми, хуиту псалъэ, къикIухь хъуху, Iуплъэн идакъым. ИкIэм, и гурыфI къыщикIа махуэ гуэрым, унафэ ищIри, хъыджэбз цIыкIур и деж щIригъэшащ.
- Тхьэм и нэфIыр зыщыхуауэ зиусхьэн лъапIэ, еплъыт мы уи сабий закъуэм, еплъыIуэт. Уэщхьыркъабзэщ... - жиIащ щэху дыдэу дэгызэ фызыжьым.
Пщыр куэдрэ и пхъум еплъащ. Ахэр зэрызэщхь гуэр сабийм и нэгум къригъуэтэну лъыхъуэрт ар. ЖиIам хущIегъуэжа дэгызэ фызыжьри пщым еплъыхукIэ, зэми мылым хуэдэу мэдий, зэми мафIэм хуэдэу къызэщIонэ. Пщым и нэщхъым ар егъэшынэ.
«Адыгэ щауэхэм уатекIуэу узгъэсэнщ, къуэ зиIэу зызыгъэщIагъуэ псори лъэныкъуэкIэ йозгъэгъэкIуэтэкIынщ. Адыгэхэм я мызакъуэу, уи лIыгъэр нэгъуэщI лъэпкъхэми яхэзгъэIуэнщ. Ар апхуэдэу мыхъумэ, сэ сыпщкъым», - жиIэрт игукIэ Щоджэнокъуэм. Гулэзт хъыджэбз цIыкIум зэреджэр. Пщым абы къами, фокIэщIи, дыщэпскIэ гъэщIэрэщIэжауэ, екIуу хуригъэщIат, дэнэкIэ игъазэми кIэлъыкIуэу, шыщIэ цIыкIуи хуагъасэрт.
Хъыджэбз цIыкIур, и Iэпкълъэпкъ зэрымыубыд щIыкIэ щIидзауэ, шыми Iэщэми хуэIэкIуэлъакIуэу игъасэрт и адэм.
ЛIы ябгэм псэхугъуэ иритыртэкъым сабийм. Гулэз жэщи махуи уанэгум ист. «Гугъуехьыр зымышэчыф цIыхум лIыгъэкIэ ущыгугъ хъунукъым», - апхуэдэут зэрегупсысыр Щоджэнокъуэр.
Гуащэм и гур щIэузырт хъыджэбз цIыкIум. «Ныкъуэдыкъуэ хъунущ», - жиIэрти гузавэрт. «Си сабий закъуэр, сабиигъуэ имылъагъуу, адэ лъэбжьанэм пэщIэхуащ», - хуэтхьэусыхэрт ар дэгызэ Жанпагуэ. Езы Жанпагуи иригулэзырт а Iуэхум. «Пщым и деж щIэсшэу, уэщхьщ зэрыжысIам сыхущIегъуэжащи, си щхьэр фIызоудыж», - жиIэрт абы. Гуащэр жэщыбгым къакIуэрти, ешауэ Iуриха сабийм и щхьэм Iэ дилъэу щыст, къыхэскIыкIыурэ зэрыжейм анэгур игъэузырт. «Хуит сищIыркъым армыхъумэ, жэщкIэ си бгъафэм щIэзгъэлъыжынут», - жиIэрт гуащэм, хьэлъэу щатэурэ.
Гулэз къыдэкIуэтеихукIэ кIуэ пэтми адэр нэхъ арэзы хуэхъурт.
Iэщэ-фащэр хъыджэбз цIыкIум, и ныбжь къызэрезэгъкIэ, екIуу хуригъэщIырт. ГъущI хъарым иту зэрашэ мыщэхэм ящыщ губгъуэм щыздашэм и деж, гузэвэгъуэр телъу, анэр щхьэгъубжэм кIэрытт. Гулэз абы иригъэбэнырт, иригъэзауэрт адэм.
Махуэ гуэрым Гулэз, псэ хэтми хэмытми умыщIэну, къыдашэжащ. ГъущI хъарым ис мыщэ уIэгъэми зишхыхьыжырт, гъуахъуэрт.
Гужьеяуэ гум бгъэдэлъэда анэм и пхъур щилъагъум: «Укъэслъхуа нэхърэ, укъэзмылъхуауэ щытыгъащэрэт», - жиIащ.
Ар Шужьей зэхимыхауэ фэ зытригъэуащ.
Къаплъи псалъи зимыIэ и пхъум гуащэр щхьэщысащ пщыхьэщхьэ псом.
- Догуэ, дэгызэ, а мыщэжьым сыIуплъэу, дауэ дунейм сытетыну? - жи абы.
- АтIэ, гуащэу зиусхьэн, сыт мыгъуэр тщIэну ди Iэмал?
- Щхьэ мыхъурэ дгъалIэ а мыщэжьыр?
- Пщым къытхуигъэгъункъым.
- Си сабий закъуэр сIэщIэзых мыщэм лажьэу щыIэр къытихуэ! ИтIани, абы йоIэзэхэр. Пэжщ, мыщэракъым къуаншэр. Ауэ сыт сэ адрейм схуещIэнур? Е сэ си хъыджэбз тхьэмыщкIэ мыгъуэ.
Жанпагуэ къыхуейуэ бжэм къыIухьа Хьэрун, псалъэмакъыр щызэхихым, даIуэу зэщIэувыIыкIащ.
- Си сабийр мыпхуэдэу псэзэпылъхьэпIэ изыгъэувам сыIуплъэу, дауэ мы пщIантIэм сыдэсыну? Ар лIауэ слъагъумэ, си гур псэхужыну къысщохъу. - Нэпс пщтырыр напэм къежэхыу, гуащэр мэтхьэусыхэ.
Жэщыр фIыуэ хэкIуэтат, гуащэр, нэщхъей дыдэу, и лэгъунэм къыщыщIыхьэжам. Куэд мыщIэу, и щхьэгъусэри къыкIэлъыщIохьэж. Пхъэ фалъэ цIыкIум зыгуэр иту иIыгът абы.
- Уэ уи цIыхубз къалэныр куэдрэ пщогъупщэж, - къыщIидзащ пщым макъ лъахъшэкIэ, - сэ сыхэтми, ари зыщыбогъэгъупщэ. Ауэ сэ зэи зыри сщыгъупщэркъым. «Шужьейурэ блащхъуэжьейм севмыт, абы сыхуейкъым», - жыпIэу узэрыбжари, узэрыгъари сщыгъупщэжакъым. ХэткIи си мыхабзэу, уэ куэд пхуэзгъэгъуащ, ари уэ бощIэ. Си унафэм укъыхопсэлъыхь. Укъысщышынэ хуэдэу, уи напIэр бгъалIэу аркъудейщ. ПщылIхэри щыбгъэкIащ. Сэ уэ куэд пхуэзгъэгъуащ.
Пхуэзгъэгъуащ, ауэ зэгуэрым а псори зэрозгъэпшыныжынур сщIэрти, аращ щIыпхуэзгъэгъуар, - жиIэри, пщыр и пащIэкIэ щIэгуфIыкIащ. А дыхьэшхыкIэр пщым и нэгум куэдрэ ирилъэгъуат гуащэм. Ар зэщхьыр къаплъэным зэща псэущхьэр къыщыIэрыхьар арат.
- Ефэ, мис мыбы, уэ улIэн хуейщ.
Зи щхьэр ехьэхауэ щыта цIыхубзыр, къэщтауэ, и щхьэгъусэм къеплъащ:
- Силъ зыщIэжын сэ згъуэтынщ, сыхейуэ, си псэм уемыщэ.
- Сэ сышынэу сыкъыщIикIуэта къэхъуакъым. ИтIанэ, щыIэкъым ар къэзыщIэн. Ажал къабзэкIэ улIащ. ЗэхэпщIыкIа?
Пщым и нэхэр, шынагъуэу, мэцIу. И щхьэгъусэр, зэщIэкIэзызэу, а иIыгъым ирегъафэри, кIэщIу пэшым къыщIокIыж. Гуащэм и фэр зэуэ щIыху-фIыцIафэ къохъури, и бгъэр еубыд, ерагъкIэ гъуэлъыпIэм нэс макIуэри, зэуэ йохуэх.
- А гуащэ, гуащэ... Гулэз цIыкIум зыкъищIэжа уфIэщIыркъэ? Си анэр къысхуэшэ жеIэ, - Жанпагуэ джэуэ къыздэкIуэм, кIыфIым къыхэIэбыкIа Iэ лъэщитIым зэщIаубыдащ. Шынагъуэ иныр къыкIэщIэзэрыхьауэ, ар кIиинут, ауэ пщым и нэгум зэриплъэу, и жьэм зыри къыжьэдэкIыжыфакъым.
- Зыри плъэгъуакъым икIи пщIэркъым. Ажал къабзэкIэ лIащ. Зэхэпха?! - Щоджэнокъуэм и макъым ар къигъэкIэзызащ.
-АтIэ, атIэ... зы... зиусхьэн. Зэ... зэ... хэсхащ. 
Пщыр IуокIыж. Жанпагуэ пэшым щIолъадэ.
- А гуащэ, мыр сыт, сыт мыгъуэр къэхъуа? - Гуащэм и бгъэр етIатэри, и гум и тхьэкIумэр Iуелъхьэ, псы IурегъаткIуэ. - А гуащэ, гуащэ, Гулэз, Гулэз цIыкIу си анэр къысхуэшэ, жиIат...
Гуащэм и нэр хуэмурэ къызэтрехри ерагъкIэ къыдрешей: «Же...Iэж и...тIа...нэ», - и нэр зэтрепIэжри, и щхьэр лъэныкъуэкIэ йощIэ.
 

 

КIэбышэ Лилэ.
Поделиться: