Нэпсеигъэр мыгъуагъэщ

ЖызыIэжар Хьэбэз къуажэм (Шэрджэсым) дэса Даур Исмэхьилщ, I990 гъэм.
Гъавэ къешэлIэжыгъуэ зэману зылI гъуэгурыкIуэт лъэсу. ЛIыр нэпсей гуэрти, гъуэмылэ тIэкIуи здищтатэкъым.
 
Апхуэдэу здэкIуэм гъуэгум къакIэрыхуауэ зы ху щхьэмыжышхуэфI къегъуэт. «Мыри зыгуэркIэ сэбэр хъунщ!» - жиIэри, ху щхьэмыжыр и упщIэ бгырыпхыжьым диупщIэри, и гъуэгу техьэжат. Пщыхьэшхьэ хъуауэ къуажэ гуэрым нихусри, нэхъ хуэщIа хуэдэу къилъэгъуа унагъуэм йоблагъэ. ХьэщIэ Iэнэр зэфIэкIа нэужь, гугъу ехьа лIыр гъуэлъыжыным хуопабгъэ. Хэгъэрейхэм захуегъазэри: 
- Мы си щхьэмыжыр пщэдджыжь нэгъунэ быдэу схуэвгъэтIылъ! – жеIэри, щхьэмыжыр ярет. Бысымым ихьри, щхьэмыжыр джэдэщым пилъащ, пщэдджыжьым жьыуэ джэдхэр къэмыхъей щIыкIэ къыпихыжын гугъэр иIэу. АрщхьэкIэ нэхулъэ къызэрызэщIичэу, адэкъэжьыр хур здэпылъам дэлъейри, гуфIэжу щхьэмыжыр ишхащ, къещэщэхымкIэ джэдхэри къыдэIэпыкъуу. 
ХьэщIэр ягъашхэу ежьэжын щыхъум:
- Си щхьэмыжыр къысхуэфхьыжыт! – яжреIэ. 
- Уи щхьэмыжыр ди ягъэкIэ адакъэжьым ишхащ! – къыжраIэ.
- АтIэ, хъарзынэкъэ! ХабзэмкIэ хьэщIэм хэщIыныгъэ езытар езы хьэщIэм ейщи, мыдэ къысхуэфхь адэкъэжьыр! - япедзыж.
Бысымым сыт ящIэнт? Адэкъэжьыр къратри, къаутIыпщыж хьэщIэ-мыщIагъуэр.
ЛIыр етIуанэ пщыхьэщхьэм нэгъуэщI къуажэ нос. Мыбдежми унагъуэ гуэрым йоблагъэри, Iэнэр зэрызэфIэкIыу:
- Мы адэкъэжьыр пщэдджыжь пщIондэ зы быдапIэ гуэрым схущIэвдзэ! – жеIэри, бысымым захуегъазэ. Адакъэжьыр Iахри, гъэлъэхъу гъэшхар зыщIэт бор нэхъ быдапIэти, абы щIадзэ. Нэху къекIщ, и Iуэху зэфIэкIри:
- Иджы си адэкъэжьыр къызэфтыжамэ сежьэжынт, фи ерыскъы убагъуэ! – щыжиIэм, бом щIоплъэхэ. Адэкъэжьыр гъэлъэхъу гъэшха удэфам иукIауэ къыщIокI. Ар лIым къыщищIэм:
- АтIэ ар дэгъуэкъэ! ХабзэкIэ гъэлъэхъур сысейщи, кIапсэ гуэр тефлъхьи, мыдэ къысхущIэфш! – яжреIэ.
Бысымым зэдауэ кърамыгъэкIыу гъэлъэхъу гъэшхар къратри, къаутIыпщыж.
Ещанэ пщыхьэщхьэми нэгъуэщI къуажэ къыдохутэри, здеблэгъа унагъуэм яжреIэ:
- Мы си гъэлъэхъужьыр пщэдджыжь хъуху зы быдапIэ гуэрым схущIэвгъэзагъэ.
- Ар Iуэху? – жаIэри, алащэ мэхъаджэ зыщIэт шэщ быдапIэм хущIаутIыпщхьэ. Ауэ гъэлъэхъур шым иукIауэ бом щIэлъу нэху къыщекIым:
- ХабзэкIэ гъэлъэхъур фыфейщ, алащэр сысейщ! – яжриIэри, цIахуцIэу шым тесу къыдэкIыжащ. 
ЕплIанэ пщыхьэщхьэм бысым ищIахэм хьэщIэм и алащэр вы гъэшха здит Iуэ быдэм щраубыдэм, вы гъэрыхъу-щIырыхъум алащэр иукIауэ нэху къокI.
Алащэ укIар къахуегъанэри, вы гъэшхам и бжьэм и упщIэ бгырыпхыжьыр телъу къыдокIыжри, и гъуэгу къытохьэж.
Етхуанэ пщыхьэщхьэм бысым ищIар унагъуэшхуэу къыщIэкIащ, зэш куэд хъуууэ зэхэсу, нысэ куэди яIэу. ХьэщIэ Iэнэр зэфIэкIыу лIыр гъуэлъыжын щыхъум, мэлъаIуэ и вы гъэшхар нэху къыщекIын быдапIэ щагъэувыну. Я Iуэ нэхъ быдэм ираубыдэри IункIи (пасэрей IункIыбзэ) иратыж. 
Адыгэ унагъуэхэм зэрыщыхабзэу, псоми яужь зэгъэжыр нысэхэращ, я Iуэху зэдынагъэсурэ. ЩIалэхэр зэгъэжа нэужь, вы гъэшхам ехъуэпса нысэ нэхъыщIэ дыдэм и нысэгъухэр зэхуишэсри:
- Тхьэм къытхуигъэгъункъым мыбы нэхъ шэрий зимыIэм вы гъэшха бэгъуар дедгъэшыжмэ! Пщэдей зэкъуэшхэм нэгъуэщI иратыжынщ! – яжреIэ..
Адрей и нысэгъухэми вы гъэшхам нэ иращауэ къыщIокIри, Iуэхур псынщIэу зэдащтэ. Нысэ нэхъыжьыр къаруушхуэ зыхэлъ гуэрти, макъи ирамыгъэщIу енцIкIэ (багор) IункIыр IуагъэпкIри, выр къытрадзэри япхэ. ФIагъэжри, псынщIэ дыдэу зэIах, мазэ зи изыгъуэм къахуигъэнэхуурэ.
Пщэдджыжьым унагъуэр къыщыхъеям выр Iуэм итыжтэкъым. IункIри псэут, зы къэмынэу зэлъыIуахыжат, зэщIалъэщIэжат. Ауэ вышхуэ здэбукIа Iуэр лъэужьыншэ пхуэщIынт? Выр зэрыфIагъэжар наIуэ къохъу. Ауэ хэт ар зыщIар? ЩIалэхэр жэщыбг хъуху хьэщIэм бгъэдэсри, а хьэщIэщми нэху къыщекIат. Къанэр нысэхэрат. Ауэ ахэр зыкъом хъурти, зыщIар наIуэ хъун папщIэ, хьэщIэм унафэ ещI нысэу хъуам я сэхэр къыхуахьыну. Сэхэр къахь. Сэхэм зэрахэплъэу, къищIащ ахэм ящыщу выр зэрыфIагъэжар, ар нысэ нэхъыщIэ дыдэм ейрат. Адрейхэми щэ дагъэ якIэрылъми, мыбы и сэкIыр здыфIэлъым деж жэщым умылъагъуну лъы къыдэнат. ХьэщIэм нахуэ къыщищIым, ар зыIэщIэщIыхьахэм заумысыж, яхуэфащэ дыдэуи псалъэ гуауэ къахь. Ауэ хьэщIэм нэгъуэщIыв къратыжыну зэшхэр щыхуежьэм, яхуидакъым:
- ХабзэкIэ сэ къызэфтыжын хуейр Iуэху напэтех зэхэзыша нысащIэращ!
Апхуэдэ зи къыщIэдзэкIэ нысащIэр нэрыбгэ зэрахуэмыхъунур къызыгурыIуа зэшхэри абы арэзы техъуащ, ауэ нысащIэр цIыху къытемыплъэу дихын хуейт, и щIыб илъу.
НысащIэр къаубыдри, жалыджым (псы зыпхымыкI къэп гъущалъэ) ирагъэтIысхьэ, и щхьэри пхауэ, ауэ жьы ишэфын щхьэкIэ гъуанэ цIыкIухэри хуэщIауэ, хьэщIэм и щIыб хуралъхьэжри, макIуэ-мэлъей! Кърихьэжьари ин дыдэтэкъыми, къехьэлъэкI-нехьэлъэкIми, къакIуэурэ нэгъуэщI къуажэ нелъэфэс. 
Еханэ пщыхьэщхьэм къыхиха бысымым жалыджым илъэр яжримыIэу, быдапIэ гуэрым хуагъэувыну яжреIэри, Iэнэр зэрызэфIэкIыу мэгъуэлъыж.
Нысэр къэп быдэм здисым, къыздахьа унагъуэм я псалъэмакъымкIэ къицIыхужащ езым и дыщыр. И дэлъхум жалыджыр гуэнэщым ихьу щIигъэувэну щеIэм, игъэщIэгъуащ и хьэлъагъыр. ЦIыху гурым макъ къыщиIукIым, егъэуври, и щхьэр етIатэ, итIатэмэ – и шыпхъуращ. КърегъэкIыжри, и Iуэху зытет псори къыжреIэ.
 - Апхуэдэ IуэхукIэ зи напэр тепха унагъуэм уэ псэупIэкIэ упыкIащ, уэ пхуэфащэр Кърым бэзэрырат, ауэ ди анэ укъилъхуащи, дэнэ утхьыжын? Мо укъезыхьэжьа мыкIуэмытэри пэшэгъу къытхуэхъуну сыхуейкъыми, зыгуэр къэгупсысын хуейщ.
Ар дыдэм техуэу я хьэ гъуэжьышхуэр къабгъэдолъадэ, бзылъхугъэр къицIыхужауэ. ЩIалэм зэуэ игу къохьэ и шыпхъур хьэжьымкIэ зэрихъуэкIыну. Хьэжьыр дэнэ къыщрагъэкIыжми, и унэр къигъуэтыжынущи, зыри яфIэкIуэдкъым.
Ебланэ махуэм и шэджагъуэм, псы цIыкIу зыдэж къуэм зэпрыкI мэз щIагъ гъуэгум нэсауэ, хьэжьым зиукIыжу, жалыджым къепIэстхъыу щIедзэ. ЛIым ар нысащIэра и гугъэу:
- Хъунщ, хъун! Моуэ зэ псы цIыкIум дынэгъэс! Уасэ щыпщIэстакIэ, и пэжыпIэкIэ узищхьэгъусэщ! – жиIэу, и щхьэ хуэпсэлъэжурэ псы Iуфэм носри, и хьэлъэр зытрех, жалыджым и щхьэр зэритIэтэххэу, хамэ цIыхум и мэм зэгуигъэпа хьэжьыр къопхъуэри, и щахэр деч.
Мыдрейм хьэ и Iуэхужынт? Хьэжьыр мэзым щIэлъэдэжащ, и унэ зэрыкIуэжыну. ЛIы нэпсей мыгъуэжьу «иджы ирикъунщ!» - жызыIэу къэмыувыIэфар лъыр къыпыжу Iуащхьэ лъагэм дэпщщ, къытеувэри:
- Уэ уи-й, уи-й! Къуажэ, жылэ», щхьэмыжыр-адакъэ, адакъэр-гъэлъэхъу, гъэлъэхъур-алащэ, алащэр – вы гъэшха, вы гъэшхар – нысащIэ, нысащIэр – хьэ гъуэжьыжь! Хьэ гъуэжьыжьым – бын зэрысщIэн си гугъар ирихьэжьэри ежьэжакIэ, Тхьэ соIуэ! – жиIэри, и къару къвызэрихькIэ гуоуащ. 
Нэпсеигъэм узыхуишэнур мыгъуагъэщ. Нэпсеигъэр – мардэншэщ. КъэувыIэжыфым и насыпщ!..

 

ШЭРДЖЭС Алий.
Поделиться: