«ЦIыхубэ участковэ-2023»Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкI «ЦIыхубэ участковэ» урысейпсо зэпеуэм фокIадэм и 11-м щIедзэ. Ар хуэунэтIащ полицэм хэтхэм цIыхухэм хуащI дзыхьыр къэIэтыным, IэнатIэм и щIыхьыр егъэфIэкIуэнымрэ полицэм и участковэ уполномоченнэхэм я лэжьыгъэр жылагъуэм къагурыгъэIуэнымрэ. Зэпеуэм и дэтхэнэ Iыхьэми щытекIуахэр наIуэ къищIынущ онлайн-IэIэтым кърикIуахэм. Дэтхэнэри хуитщ езым «ЦIыхубэ участковэ» цIэр зыхуэфащэу къилъытэм папщIэ Iэ иIэтыну. Зэпеуэр Iыхьищу зэхэтынущ. Япэ IыхьитIыр районхэмрэ щIыналъэхэмрэ щекIуэкIынущ. «ЦIыхубэ участковэ» цIэм щIэбэнынухэм я IуэхущIафэхэм щыгъуазэ зыщыхуэпщIыфынущ КъБР-м щыIэ МВД-м и Интернет-сайтым. Абы иралъхьэнущ зэпеуэм и япэ Iыхьэм хэтыну хабзэхъумэхэм ятеухуа хъыбарыр, Урысейм и МВД-м и щIыналъэ IэнатIэхэр здэщыIэ районкIэ зэхэхауэ. Зэпеуэм и япэ Iыхьэм и онлайн-IэIэтыр мы гъэм фокIадэм и 11 - 20-хэм, етIуанэр жэпуэгъуэм и 7 - 16-хэм екIуэкIынущ. Зэпеуэм и кIэух Iыхьэм хэтынущ ипэкIэ екIуэкIахэм щытекIуахэу щIыналъэ къэс и зы участковэ.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
|