Зэхыхьэ гуапэФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм щагъэлъэпIащ зигъэпсэхуну тIысыж я лэжьэгъу Абдуллаев Алий Магомед и къуэр. Ар КъБР-м щIыхь зиIэ и юристщ, управленэм къызэгъэпэщыныгъэ-кIэлъыплъыныгъэ IуэхухэмкIэ, дэфтэрхэмкIэ къызэгъэпэщынымкIэ, цIыхухэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ зэрызыкъыхуагъазэхэм хэплъэнымкIэ и къудамэм и унафэщIу щытащ, илъэс 23-м щIигъукIэ къулыкъу ищIащ. Псалъэ гуапэ куэд хужаIащ Iуэхур зыхуэгъэпсам. Абы и лэжьэгъухэм къыхагъэщащ къэрал кIуэцI къулыкъум и майорым и пщэрылъхэр сыт щыгъуи нэсу зэригъэзэщIар, хабзэ зыхэлъ цIыху щыпкъэу зэрыщытыр. Гупым къабгъэдэкIыу абы фIыщIэ хуищIащ Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Суд пристав нэхъыщхьэ Бауаев Ахъмэт: «Зыбгъэпсэхуну уIуокIыж. Уи махуэхэр гуфIэгъуэкIэ гъэнщIауэ щытыну ди гуапэщ, гъащIэр зыфIэфI цIыхуущ узэрытцIыхури, дяпэкIи апхуэдэу ущытыну дыхуейщ. Ди гум къыбгъэдэкIыу дынохъуэхъу насыпышхуэрэ зэIузэпэщыгъэрэ уиIэну». А махуэ дыдэм ягъэлъэпIащ, псалъэ гуапэ куэд хужаIащ илъэс 50 ирикъуа, КъБР-м щыIэ УФССП-м и къудамэхэм я зым и унафэщIым и къуэдзэ, управленэм и лэжьыгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщI Шыхъуэстэн Руслан. Къызэхуэсахэм я нэгу зрагъэужьащ республикэм щыцIэрыIуэ уэрэджыIакIуэхэу Холамханов Къайсынрэ Мыз Джульетэрэ. ЯгъэлъапIэхэм зэIущIэм и кIэухыу иратащ управленэм и унафэщIхэмрэ гупымрэ къабгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэмрэ гукъинэж ящыхъуну тыгъэхэмрэ. Зыгъэхьэзырар УАРДЭ Жантинэщ.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
|