ЗэгурыIуэныгъэм Iэ щIадз

КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Русланрэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэр дэIыгъыным хуэгъэпса, «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и щIыналъэ къудамэм и Iэтащхьэ Дадэ МуIэедрэ Налшык Iэ щытрадзащ  зэдэлэжьэным теухуа зэгурыIуэныгъэм.
Абы щыубзыхуащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ ветеранхэмрэ, абыхэм я унагъуэхэм, Хэкур яхъумэу хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэм защIэгъэкъуэным егъэщIылIа Iуэхухэу зэгъусэу зэфIагъэкIынухэр.
- Iэ зыщIэддза зэгурыIуэныгъэм тету мы лэжьыгъэм щыдиIэ зэфIэкIхэмкIэ дызэдэгуэшэнущ икIи абы IуэхуфIхэр кърикIуэну дыщогугъ, - жиIащ Мэкъушэ Руслан.

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться: