Джэдкъазхэм фахуэсакъ«Марек и узыфэщ» зэреджэр джэдкъазхэр нэхъыбэ дыдэу зэтезыгъалIэм. Ар япэу къэзыхутар абы зи цIэр фIаща, ветеринарием хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа мэжар еджагъэшхуэ Марек Йожефщ. А вирус узыфэм и зэранкIэ лыпцIэм, фэм, кIуэцIым къыркуэхэр къыщыхокI, псантхуэхэм зэхъуэкIыныгъэ ягъуэт. Апхуэдэу а узыфэм къыхокI «В»-м и гупым хиубыдэ герпесым и пкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэу 6. Абыхэм джэдкъазым и иммунитетыр якъутэ, сыт хуэдэ узыфэ къапкърыхьэми пэщIэмытыфу. Ар нэхъ зыхуэлъэр джэдхэрщ, гуэгушхэр, мэзджэдхэр, шылэ джэд лIэужьыгъуэхэр нэхъ къол.Узыр къабгъэдэкIынкIэ мэхъу джэд сымаджэхэм ямызакъуэу а вирусыр зи Iэпкълъэпкъым хэт джэд узыншэхэм я цым, ахэр зэфэ псым, яшх Iусым, джэдэщхэр къызэрагъэкъабзэ Iэмэпсымэхэм. Узыр нэхъ зыпкърыхьэр тхьэмахуэ 26-рэ хъу джэдхэрщ. Узыр нэрылъагъу къэхъун папщIэ махуэ 35-м къыщыщIэдзауэ 150-м нэсыху дэкIын хуейщ. Марек и узыфэр зэуэлIа джэдхэр хощIэкъукI, я нэхэм щIыIуху къытрещIэ, я Iэпкълъэпкъым щыщ къадэбзыркъым, я дамэхэм, лъакъуэхэм, куэпкъым, я пщэхэм уIэгъэхэр къещI, я нэкугъуэхэм зэхъуэкIыныгъэ ягъуэт, зыри ямылъагъуу, зэуэ уэд мэхъу, къыщакIухькIэ зоуалэ, щIагъуэу шхэркъым. Лъэрымыхь хъуахэр щIэхыу зэтолIэ, Iэпкълъэпкъ псом зизыгуэша къыркуэхэм я зэранкIэ. Абыхэм сэбэп яхуэхъуну щыIэр и чэзум ирагъэкIуэкI вакцинацэрщ. Мастэ нэужьым, махуэ зытIущ фIэкIа дэмыкIыу, узыр ящхьэщыкIынущ, тхьэмахуиплI пIалъэм къриубыдэу я иммунитетыр зэфIэувэжынущ. Узыр ящхьэщыкIыху апхуэдэ джэдхэр щхьэхуэу Iыгъын, ахэр зыщIэт джэдэщхэр къабзэу зехьэн хуейщ.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
|