Иджырей мардэм кърагъэтIасэу

Къэбэрдей-Балъкъэрым Ухуэныгъэмрэ ЖКХ-мк1э  и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншагъэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ федеральнэ гъуэгуу Аруан, Уштулу къуажэхэр, щIыналъэ гъуэгуу Старэ Шэрэдж, Жэмтхьэлэ, Сукан-Су жылэхэр зэпызыщIэхэр, километри 2,3-рэ зи кIыхьагъыр, мы махуэхэм къагъэщIэрэщIэж.

Гъуэгухэм телъ асфальтобетоныжьыр техыным, иужькIэ щIым и щхьэфэр зэгъэзэхуэжыным, гъуэгубгъум къыIут мывэхэр гъэувыным, бгы джабэр гъэбыдэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр къанэ щымыIэ зэфIэкIащ.

Лэжьыгъэхэр езыгъэкIуэкI IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэм асфальтобетоныщIэр зытралъхьэну гъуэгум и лъабжьэр иджыпсту ягъэбыдэ, а щIыпIэм хуэзэу щыIэ дэдзыхыпIэхэмрэ лъэмыжхэмрэ къагъэщIэрэщIэж.

Абы иужькIэ къапэщылъщ асфальтобетоныщIэ къатит1у тралъхьэну, гъуэгу зэхыхьэпIэхэм, зэхэкIыпIэхэм деж асфальт тралъхьэну, гъуэгубгъухэр ягъэбыдэну. АдэкIэ, гъуэгум щызекIуэхэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщын мурадкIэ гъуэгубгъухэм автомобиль дамыгъэхэр, къэухьхэр щагъэувынущ, ахэр къыхагъэщхьэхукIынущ.

Апхуэдэуи «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншагъэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ Налшык къалэ и Къэбэрдей уэрамми лэжьыгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкI.

Километр 1,3-рэ зи кIыхьагъ гъуэгур нэхъ бгъуэ иджыпсту ящIащ, абыи и лъабжьэр ягъэтIылъащ, лъэс зекIуапIэхэм ябгъухэмрэ гъуэгухэмрэ мывэхэр кърагъэтIылъэкIащ, уэздыгъэхэр зыпадзэну пкъохэр здэщытыну щIыпIэхэр къыхагъэщхьэхукIащ. Абы къыдэкIуэу, инженер коммуникацэхэр ягъэIэпхъуащ, гъуэгур зэрызэрагъэзэхуэж асфальтым и япэ къатыр тралъхьащ. Абы етIуаунэ къатри къыкIэлъыкIуэнущ, гъуэгухэр иджырей уэздыгъэхэмкIэ къагъэнэхунущ, автобус къэувыIэпIэщIэхэр ягъэувынущ, гъуэгу зэпхрыкIыпIэхэр къыхагъэщхьэхукIынущ, дамыгъэхэр, къэухьхэр ягъэувынущ.

Гъуэгу лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIыну я мурадщ жэпуэгъуэм ирихьэлIэу.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: