ЩытыкIэ гугъум къызэрикIыным хэтщ

2024 гъэм Урысейм и щIэныгъэ Академием и щIэныгъэлIхэм хэIущIыIу ящIынущ щIы щхьэфэмрэ абы къыщыкI щхъуантIагъэхэмрэ хъумэным теухуа къэрал программэм лъабжьэ хуэхъун хуейуэ ягъэхьэзыр дэфтэрыр.

ЩIыналъэ къэс щхьэхуэу щагъэзэщIэну программэм къыщагъэлъэгъуэнущ удз къызытемыкIэж щIы джафэхэм я инагъыр, щIым игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэр къызыхэкIа щхьэусыгъуэхэмрэ абы зэрызиубгъу щIыкIэмрэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэ щIыпIэхэр япэ щIыкIэ пшахъуалъэ мэхъури, абы зиубгъуу хуожьэ. ПэхуэщIэр зытегъэщIар щIыр нэщI щIэхъуам и щхьэусыгъуэр къэхутауэ, ар къызэтегъэувыIэнырщ. Апхуэдэ шынагъэхэр здэщыIэу зи цIэ къраIуа щIыналъэ 14-м яхэхуащ ди гъунэгъу Шэшэнымрэ Дагъыстэнымрэ. Аращ щIыналъэ псори а Iуэхум хуэбэлэрыгъ мыхъуну къыщIалъытар.

- Совет къэралым къытхуигъэна мэзкусэ инхэр мащIэ дыдэ хъуащ. Иужьрей зэманхэм кIуэдыжыпэу хуежьащ хуабаем пэщIэтыф кIарцейхэм ящыщ лIэужьыгъуэ куэдыр. Апхуэдэ щытыкIэр гъэзэкIуэжа хъун папщIэ илъэс куэд хъуа мэзкусэхэр гъэкъэбзэн, абыхэм я пIэм жыгыщIэхэр хэсэжын хуейщ. Абы мылъкушхуэ текIуэдэнущ.

Мэзкусэ здэщымыIэж щIыпIэхэм щIы пцIанэр зэуэ жьым щепхъэхри, «эрозием» еубыд. ЩIым и зэхэлъыкIэм хэзыщIыкI щIэныгъэлIхэм емычэнджэщу языныкъуэ фермерхэм щIыр явэж, гъавэ бэв къызэрытемыкIыр, фейдэ къазэрыхуимыщIыр я щхьэусыгъуэу, хэти хъупIэхэр нэхъ зэрыпудым тещIыхьауэ, щIыр явэри, гъавэ щIапIэхэм я уасэмкIэ ящэ, зэман дэкIмэ а хъупIэхэр зэрыщыта щытыкIэм зэриувэжынум зыри хамыщIыкIыу. КъэкIыгъэ къыщымыкIыж щIыр щIыуэпсымкIи шынагъуэщ: зышхын зымыгъуэтыж дзыгъуэхэр хьэсэхэм Iэпхъуэнурэ, гъавэр зэтрашхыхьынущ.

Мелиорацэ и лъэныкъуэкIэ къэтщтэнщи, псы щIэгъэлъадэу къагъэкIа гуэдзымрэ хьэпцIиймрэ трагъэкIуадэ мылъкур къызэрыщIамыхыжым имызакъуэу, щIыуэпсым и мардэ гъэхуахэм цIыхур щыхэIэбэм и деж уэшхым и къешхыкIэ къудейм зэхъуэкIыныгъэ егъуэт. МэкъумэшыщIэхэм ящIэ ар щIым зэран зэрыхуэхъур, арщхьэкIэ щIэныгъэлIхэр зэкIэ а Iуэхум теухуауэ шэсыпIэ зэримыхьэр нэхъыбэм къагъэсэбэп, щытыкIэр яхъуэжыну зэрелIалIэ щымыIэу, - жиIащ щIыр тэмэму къэгъэсэбэпынымрэ щIыуэпсыр хъумэнымкIэ щIэныгъэлI пажэ Коротченкэ Пётр.

Къэралым агроэкологиемкIэ и щIэныгъэ центрым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, щIым игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэр къыхокI удз ежьужьым зэребэн пкъыгъуэхэм, хабзэм тету гуэша мыхъу щIыр Iэщыхъуэхэм къаймэщIэкI зэрыхъуам къыхэкIыу, Iэщыр зы щIы кIапэм теубыдауэ щагъэхъун хуей зэрыхъум.

Урысейм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм абы теухуа и Iуэху еплъыкIэ иIэжщ: щIым зэпыу имыIэу Iэщыр зэрыщыхъуакIуэм къыхэкIыркъым а щIы нэщIхэр. Экологием лей езыхыр мэзхэр чэзу имыIэу къизыупщIыкIхэмрэ мэзкусэхэм я къэгъэщIэрэщIэжыным хуэмыпIащIэхэмрэщ. Нобэ къагъэсэбэп щIым и процент 90-м шыгъур йобэкI е эрозием ешх.

Мыр къыхэгъэщыпхъэщ - Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм къыщызэрагъэпэщащ щIым и щытыкIэр хъумэнымкIэ центрхэр. Абыхэм я жэрдэмкIэ къэунэхуа щIыпIэ нэщIхэм пшахъуэрэ ятIэфIрэ тракIутэнущ, псынщIэу щIым зыкъезыгъэужьыж удз лIэужьыгъуэхэр хасэнущ. Абы ирихьэлIэу лэжьэн щIидзэнщ зи гугъу ящI программэми.

ЛЪОСТЭН Музэ.
Поделиться:

Читать также: