Къалэм и бжьыхьэ теплъэр

Къалэухуэ IэнатIэхэм яхузэфIэкI къагъанэркъым ди щыхьэрым и теплъэр егъэфIэкIуэным теухуауэ. Налшык зыгъэдахэ удзгъэкIхэм бжьыхьэ гъэгъа хэсэгъуэр мы махуэхэм щIыпIэ щхьэхуэхэм щаублащ. Гъэмахуэ псом щIэращIэу итахэм я пIэм къоувэ бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм и щIыIагъымрэ псыIагъымрэ тыншу пэщIэт гъэгъа лIэужьыгъуэхэр. Ахэр къихутащ Ленинымрэ Головкомрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрам зэхэкIыпIэр зыгъэдахэ удз хэсапIэ нэхъ ин дыдэм - КъБР-м и Правительствэм и Унэм хуэзэу.

Щыхьэрым и теплъэ щыжытIэкIэ, абы лъэныкъуэ куэд къызэщIеубыдэ икIи абыхэм ящыщ зыщ къалэдэсхэм зыщагъэпсэху, къыщакIухь щIыпIэхэм, ирехъу ар парк, лъэс зекIуапIэ, пщIантIэ, цIыхум и гукъыдэжыр къэзыIэтын, щIэщыгъуэ щыхъун дизайнер еплъыкIэ Iуэхум хэлъхьэныр. Апхуэдэ лэжьыгъэхэрщ дэтхэнэ зы къалэми, ар ягъэдахэ къудей мыхъуу, теплъэ нэс хуэхъур.

Псалъэм папщIэ, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм гранит фIыцIэм къыхэщIыкIауэ ит псыутхым хуэдэр зырызщ. Гранитым и быдагъым къикIунур зыхуэдизыр къэплъытэмэ, ар Налшык и архитектурэ, дизайн тхыдэм лъэ быдэкIэ хэуващ. Абыхэм къакIэрыхуркъым гъущI хэплъыхьам къыхэщIыкIа пкъохэмрэ абыхэм фIадза уэздыгъэ екIухэмрэ. Сыт хуэдэ зэманми, домбеякъым къыхэщIыкIауэ Налшык и уэрамхэм фIэлъ уэздыгъэхэм хуэдэр зырызт. Ахэр иджыпсту щыIэжкъым, ауэ а къыфIадзахэри Iейкъым. Паркым и кум хуэзэ шэрхъ зызыIэтыр, «Колесо обозрения» жыхуаIэр, Урысейм щынэхъ инхэм ящыщщ. Иджыблагъэ абы щыпагъэна уэздыгъэ зэмыфэгъухэм абы и теплъэр нэхъри нэхъ дахэж ящIащ, псом хуэмыдэу пасэу зэхэуэ бжьыхьэ пшапэм шэрхъым ису зызыIэтхэмкIэ. И щыгу дыдэм зэрынэсу къалэ зэщIэблэм укъыхоплъэ, Iэгум итым хуэдэу.

Абыхэм хуэмурэ къахоувэ зи лъакъуэхэр гъущI гъэщIэрэщIам къыхэщIыкIа тетIысхьэпIэхэр, хъыринэхэр. Апхуэдэхэр щыфлъагъунущ Абхъазым и утыкум къыбгъэдэтыпэу къызэIуаха нэгузыужьыпIэ-гъэлъэгъуапIэм. Абы и щIыхьэпIэм деж иджыблагъэ щагъэуващ гъэ псом щхъуантIэу щытыну жыгхэр зэрыт кхъуэщын инышхуэхэр (метр 1,5-м нос). ЩIымахуэм нэхъ фае къэхъу лъэс зекIуапIэм къыхэлыдыкIын хуэдэу ахэр балиифэ дахэу лащ. Нэхъапэми и гугъу фхуэтщIат абы ираса жыгхэм. Ахэр хъарзынэу хэкIащ икIи заужьащ, я пщIащэхэр гъэ псом щхъуантIэу пытынущ. ЩэкIуэгъуэм и кIэм къалащхьэр зыгъэдахэхэм къахэувэнущ Тэрчокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщызэIуахыну, мэжджытжыгхэм (сирень) я лъэс зекIуапIэр.

Нэр ямыхьэхуу къанэркъым сабийхэм я дуней еплъыкIэм сыткIи техуэу Головком и цIэр зезыхьэ уэрамым, сабий поликлиникэм и гупэкIэ, щагъэува тетIысхьэпIэхэм. Абыхэм языныкъуэхэр хъуреибзэщ, сабийр щешым зыщригъэщIеикIыпэ хъуну. IэплIэрыс цIыкIухэм тещIыхьауэ абыхэм яхэтщ, хъурзэхэр зэдзылIа парус кхъуафэжьей теплъэ зиIэ тIысыпIэ щхьэхуэхэр, щхъуэкIэплъыкIэу лэжарэ, ар и нэм къыфIэмынэу зы сабий блэмыкIыну.

Ди къалащхьэр зыгъэдахэ апхуэдэ IэрыщIхэм кIуэ пэтми къахохъуэ. Псом ящхьэращи, IэхъуэтегъэкI мыхъуу, лэжьыгъэхэр егугъуу кърахьэлIэ хъуащ, къакIэлъыкIуэнухэми фэеплъу къахуэнэн, къахуэсэбэпын хуэдэу. Пхъэм елэжь цIыху IэпщIэлъапщIэхэр ди щIыналъэм сыт щыгъуи иIащ. Иужьрей илъэс 10 - 15-м абыхэм къахэхъуащ гъущIым елэжьхэри. Абыхэм я зэфIэкIымрэ я лэжьыгъэмрэ гу лъыптэн щхьэкIэ, къалэм дэт уней лъапсэхэм халъхьэ куэбжэхэр плъагъун хуейуэ аркъудейщ. Абыхэм къахэбгъуэтэнущ «щымыIэ зырызкIэ» узэджэ хъун куэд. ФIагъ ин зыбгъэдэлъ гъущI ягъэж зэрыхъуам и мызакъуэу, гъукIэхэм къызыкъуах зыми емыщхь художественнэ еплъыкIэ телъыджэхэр, лъэпкъым къыдекIуэкIа зэчийм кIуэдыпIэ зэримыIэр, «Лъэпщ и кIыщыр» къызэрыщIэрэщIэжыр нэрылъагъу тщащIу.

ЛЪОСТЭН Музэ.
Поделиться:

Читать также: