ЖыгыуIум теухуауэ

ЖыгыуIур емызэшу жыгым тоуIуэ, еугъуэн, шхыныр къеулъэпхъэщ, и шырхэм псэупIэ яхуещI. Дэнэ кърахрэ апхуэдиз къару жыпIэнкIи хъунщ, абыхэм уакIэлъыплъмэ! Абыхэм ялъэкIынури, я Iэпкълъэпкъым и ухуэкIэри, зэрыпсэу Iэмалхэри щIыуэпсым зэхуигъэкIуащ къызыхуэтыншэу. ЖыгыуIум и теплъэри, и хьэлхэри гъэщIэгъуэнщ.

- ЖыгыуIу лIэужьыгъуэу 220-рэ щыIэщ. Я инагъкIи ахэр зэщхьэщокI сантиметр 15-м щегъэжьауэ 53-м нэс.

- ЖыгыуIум и бзэгур дыкъуакъуэщ, егъэлеяуи кIыхьщ. Жыг кIуэцIым зыщызыгъэпщкIу хьэпIацIэхэр абы IэщIэкIыркъым.

- Зы меданым 20-рэ тоуIуэ ар жыгым, апхуэдизкIэ хуабжьщи.

- Языныкъуэ лIэужьыгъуэхэр гуп-гупу мэпсэу. Ауэ нэхъыбэр зэрыз-тIурытIурэщ зэрыплъагъунур.

- Жыгым хуабжьу теуIуэ щхьэкIэ, жыгыуIум и щхьэр узыркъым. И пэм и лъабжьэр нэхъ кIыхьщ и щхьэм нэхърэ. Абы мыхьэнэ иIэщ жыгым щытеуIуэкIэ ирихьэлIэ хуабжьагъыр Iэпкълъэпкъым хэгуэша хъунымкIэ. Къарур нэхъ тIасхъэу къыщегъэхъу бзэгу лъабжьэм хэлъ хъыщтми.

- Жыгыр щиуIукIэ ирихьэлIэ къарур зэрегъакIуэ и щхьэ къупщхьэмрэ и пэмрэ я зэхуаку дэлъ хъыщтым. ЩытеуIуэкIэ и щхьэкъупщхьэмрэ и пэмрэ зэпыIуегъэкIуэт абдеж щыIэ лыпцIэналъэм.

- Сыт жыгыуIур щIытеуIуэр? Жыгым зэран хуэхъу хьэпIацIэхэр къегъуэтри ешх. Ар езы жыгымкIи сэбэпышхуэщ. НэгъуэщI щхьэусыгъуи иIэщ макъышхуэ иригъэщIу абы жыгыр зэриуIум. Щхьэж и хэщIапIэр апхуэдэ щIыкIэкIэ егъэбелджылы, жыг щхьэхуэр езым зэриубыдар адрейхэм яреIуэкI.

- ЖыгыуIум и кIапэри къегъэсэбэп жыгым щыкIэрыскIэ е щыдэкIуейкIэ. Абы къыхэкIыу, илъэсым къриубыдэу сантиметри 10-м нэблагъэкIэ и кIапэр пехъукI.

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: