Эволюцэм и щыуагъэ

Алмэстым теухуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэр дуней псом къыщокIуэкI. Сыбырым, Гималайм, Америкэ Ищхъэрэм, Австралиев, Кавказым… КриптозоологиемкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэу Тусон къалэм щыIэм (Аризонэ штатым хохьэ) къызэрыщахутамкIэ, алмэстым я бжыгъэр мащIэкъым нобэкIэ. ЩIэныгъалъэхэм я къэхутэныгъэхэм шэч къытрамыхьэ хабзэми, ар фIэщ щIыгъуейщ.

Псом япэрауэ къыхэгъэщыпхъэщи, цIыхум нэхъапэIуэкIэ зэи имылъэгъуа, зищIысыр къахуэмыхута, зыми емыщхь псэущхьэ телъыджэхэр едж криптозоологием. Зи гугъу тщIы IуэхущIапIэм и антрополог Гринуэлл Ричард зэрыжиIэмкIэ, алмэстыр дэнэкIи щацIыху, и хъыбар гъэщIэгъуэнхэмкIэ сабийхэр ягъэшынэу къокIуэкI. Пэжу, ар зэрыщыIэм щыхьэт техъуэ хъыбар куэд ди нэхъыжьхэми жаIэж.

Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, алмыстэм и гугъу япэ дыдэ щащIар Плутарх и зэман жыжьэхэращ. Абы къызэринэкIа тхыгъэхэм хэтщ урым дзэзешэ Суллэ и сэлэтхэм къаубыда «ажэгъафэм» теухуа хъыбар. Абы къищынэмыщIа, тхылъхэр щыхьэт техъуэжу, ХIХ лIэщIыгъуэм Абхъазым щыпсэуауэ жаIэ Занэ зыфIаща алмэсты бзылъхугъэр. ЗэраIуэтэжымкIи, къызэрыгуэкI цIыхухъум бын хуигъуэтат икIи мыдрей цIыхухэми ещхьу и гъащIэр ирихьэкIырт. Апхуэдэу ЩIым и гъунапкъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къокI мыпхуэдэ хъыбар телъыджэхэри: 1921 гъэм Эверест дэкIа альпинистхэм я пашэ Говард-Бери зэрыжиIэжымкIэ, алмэсты ялъэгъуат; ХХ лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм Азие Курытым къыщаубыда алмэстыр тутнакъэщым ирадзат икIи пкъырыупщIыхьу зыри къыщыпамыхым, яукIащ; 1941 гъэм Совет Армэм и подполковник Карапетян Дагъыстаным алмэсты къыщиубыдри, иджыну сымаджэщым ишауэ щытащ, иужькIэ ари яукIыжащ.

Алмэстыр жыжьэрэ-гъунэгъуу зылъэгъуа псоми жаIэр зыщ: «И теплъэкIэ мащIэу цIыхум ещхь псэущхьэр икъукIэ инщ. Уеблэмэ метритIым нэсынущ и лъагагъкIэ. ЦIыхухэм хуэдэу, Iэщэ, кумбыгъэ, шхын ягъэхьэзырыф, езыхэр зэрызэгурыIуэж бзэ яIэщ».

Ди нэхъыжьхэм я хъыбархэм ящыщ зыбжанэ…

Нэдзырэ Зэирэт: «Дэ бынуагъуэшхуэ дыхъурт - ди адэ-анэм бын 11 дариIэт. Псори дызэщIыгъуу къущхьэхъу щIыналъэм дыщыпсэут, Iэщ куэду диIэти зэрыунагъуэу, дызэдэIэпыкъуу, зетхьэрт. Пщыхьэщхьэ гуэрым, пхъашэ дыщыIауэ, пщыIэм дыкIуэжырт шыгум дису. ПщыIэм дынэсыжыным зыкъомыфI иIэу ди адэм шым къыжьэдикъуащ. Шыр зэщIэувыIыкIри, щтэIэщтаблэу и тхьэкIумэхэр игъэсащ, пырхъыу щIидзащ. Ди адэм зимыгъэхъейуэ и пэкIэ маплъэ, дэри къэхъуар къыдгурыIуэркъым. Пщыхьэщхьэ кIыфIым дыхэплъапэмэ - гурыму гъуэгущхьэм зыгуэр тесщ. Абы и лъакъуэхэр зэкIэщIэшарэ, и IэплIэм зыгуэр илъу зригъащIэрт, сабий зыгъэбэяу анэм хуэдэу. КъызэрыщIэкIамкIи, и Iэблэм шыр цIыкIу телъу арат. Езыр цым зэщIибларэ, зищIысыр цIыхурэ хьэкIэкхъуэкIэрэ къыпхуэмыщIэу апхуэдэт. НапIэзыпIэм езыри щым хъуащ, зимыгъэхъейуэ къоплъэ. Хуэмурэ къызэфIэувэри зы лъэбакъуэ къичащ. Дэ хуабжьу дышынати, псори ди адэм и Iэблэм зыкIэрыдукIэну дыхуейт, дызэщIэкIэзызэт. Дадэ хуэмурэ джыдэмкIэ Iэбэри, «Мыр плъагъурэ? УкъэмыкIуатэ, фIы щIозгъэхынкъым! Си гъуэгум текIи, нэхъыфIщ. УкъызыхэкIа пабжьэм хыхьэж, дэ уи гугъу тщIынукъым», - жиIащ. Iэмыр шынагъуэм ди адэм жриIар къыгурыIуами сщIэркъым, ауэ щIыбагъкIэ икIуэтурэ, кIыфIыгъэм хэкIуэдэжащ. ИужькIэ, ди адэм зэрызиумысыжамкIэ, а псэущхьэхэр къущхьэхъу щIыналъэм куэдрэ щылъэгъуат икIи яIущIат. Абыхэм зэреджэр сыт жытIэу дыщеупщIым, алмэсты жиIат…».

Тамбий Муслъимэт: «ДызэрыцIыкIурэ алмэстыкIэ дагъэшынэу щытащ. Адыдыд, алмэсты къокIуэ жаIамэ, ар ди ажалу арат! Си анэжь мыгъуэм куэд дыдэрэ къыджиIэжу щытащ абыхэм ятеухуауэ хъыбар шынагъуэхэр. ШынагъуэкIи шынагъуэтэкъым, ауэ телъыджэт. Псалъэм папщIэ, ди анэм жиIэрт, алмэстыхэр пасэрейм цIыхухэм къахыхьэу, мыдрейхэм а псэущхьэ тхьэмыщкIэхэр я фIэгуэныхь хъурэ, шхын ирату, щыгъыныжь яIэмэ, IэщIалъхьэу щытауэ. СощIэж, ди анэм щыгъыныжьхэр зэхуихьэсрэ, хадэм ит жыгхэм яфIищIэу, алмэстыхэм я сабий цIыхухэр щIыIэм есри, щрагъэтIэгъэн яIэкъым, ахэр гуэныхьщ, зыи мыхъу мы хъыданыжьхэм кIуэцIашыхьынщ жиIэу зэрыщытащ. Пэж дыдэу жыгхэм зы хъыдан кIапэ пымылъыжу нэху къекIырт. ИтIанэ, иджыри зы Iуэхугъуэ хьэдэгъуэдахэ хэлъщ алмэстыхэм я хъыбарыжьхэм - абыхэм я цым щыщ къыпIэрыхьамэ, пIахыжын щхьэкIэ къыпхуамыщIэн дунейм темыту, псэуху пхуэлIыщIэну хьэзыру жаIэрт. Ауэ я щхьэцыр тэмэму умыгъэпщкIуарэ, къаIэрыхьамэ, зы удын гуащIэ гуэр къуахынурэ, я цыр ящтэу щIэпхъуэжынут. Апхуэдэу езыхэми цIыху щхьэц къаIэрыхьамэ, зэрыхъуари умыщIэжу, къыбгурымыIуэжу, уагъэлIыщIэнут, зыхуейр уагъэщIэнут. ИтIанэ зэман дэкIмэ уаутIыпщыжынут.

ЗэрыжаIэжымкIэ, алмэстыхэм мы щIыпIэм куэдрэ ущырихьэлIэфынут. Ахэр кIуэдыжыным е нэхъ мащIэ хъуным щхьэусыгъуэ хуэхъуар макъышхуэхэращ. Хэку зауэшхуэм иужькIэ ахэр мащIэ дыдэ зэрыхъуам куэдым гу лъатат. Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, ахэр фоч макъымрэ лагъым къауэмрэ щышынэу, къырым ихьэжауэ аращ».

Зэрытлъагъущи, щIэныгъэлIхэм ямыщIэ куэд цIыхубэм ящIэ, нэхъыбэм гу лъатэ. Ар къызыхэкIыу щытар къызэрыгуэкI цIыхухэм къэхутэныгъэр зыхуэунэтIа «Iэмыр нэджэIуджэхэм» хуаIэ гущIэгъулырагъэнут, къэхутэныгъэ лей къомыр хэмыту, Iуэхур зэрыщытым хуэдэкъэпсу зэралъагъурагъэнут. Зи щхьэ фIыуэ зылъагъуж, Тхьэшхуэм къигъэщIа Iэмырхэм я нэхъ губзыгъэ, нэхъ лъэщ дыдэу зыкъызыщыхъуж цIыхум (ар щIэныгъэлIмэ, еджагъэмэ нэхъ лъэщыжу) и фIэщ ищIыну хуей къыщIэкIынукъым езым хуэдэ, е зы мащIэкIэ къыщхьэщыкI, захуэу зыфIэту зекIуэ гуэр иджыри дунейм тету!

Муслъимэт и хъыбарым къыхэщыж зы Iуэхугъуэм и жэуапыр щIэныгъэлIхэм къахутащ. Ар «езыхэми цIыху щхьэц къаIэрыхьамэ, зэрыхъуари умыщIэжу, къыбгурымыIуэжу, уагъэлIыщIэнут, зыхуейр уагъэщIэнут» жыхуиIэращ. Алмэстым и апхуэдэ зэфIэкIыр къызыхэкIыр абыхэм цIыхум и акъылыр ягъэундыращхъуэфу (гипноз) зэрыщытырат. Психологием къызэригъэлъагъуэмкIэ, сыт хуэдэ цIыхуми зригъэсэфынущ нэгъуэщI цIыхум и акъылыр игъэундыращхъуэрэ, зыхуейр къригъэIуэтэфу. Аращи, алмэстыхэм апхуэдэ зэфIэкIыр нэхъ ягъэшэрыуэу, абы хуэIэижьу щытурагъэнущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къызыхэкIа щIыуэпсым къыпкъырилъхьа зэчийр, зэфIэкIыр нэхъри зызыужь цивилизацэм, технологием IэщIиудакъым. КъызэригъэщIауэ щытыжщ.

Апхуэдэу Индием къыщагъуэта жьэ къупщхьэхэмрэ дзэ мин бжыгъэхэмрэ зы хьэкIэкхъуэкIэм ейм ещхькъым. Ар алмэстым е зы Iэмал телъыджэ гуэркIэ цIыхум и зыужьыкIэм къыкIэрыхуа, щIымыл зэман жыжьэр зышэчу, псэууэ къызэтена, цIыху теплъэ зиIэ псэущхьэ гуэрым и хьэдэ къупщхьэу хуагъэфащэ.

Дауэ мыхъуами, иджыри къыздэсым цIыхухэр алмэстыхэм IуощIэ. Иужьрей апхуэдэ «зэIущIэр» 2007 гъэм Британ Колумбием (Канадэм) къыщыхъуащ. Джонсон Горд и машинэм ису зыдэжэм, уэздыгъэхэр зы цIыху Iэпкълъэпкъ гуэрым тепсащ. Iуэхур пщэдджыжьт, гъуэгур нэщIти, псори хуиту плъагъурт. А «зыгуэрым» машинэр къызэрилъагъуу, къэкIуатэу щIидзащ. Машинэзехуэм и щIыфэр игъэтхытхыу къыгурыIуащ къыхуэкIуэр зэрымыцIыху къызэрыгуэкIыр: абы и Iэ кIыхьышхуэхэр и лъэгуажьэм нэсырт, и щхьэр джэдыкIэм хуэдэу хъурей хэшат, и щIыфэр зэрыщыту цы хужьыфэм щIихъумэрт, и лъакъуэ бгъуэшхуэхэр хуэму зэблихыурэ къэкIуатэрт…

Алмэстым и Iуэхур нэхъ куууэ зыджахэм ящыщщ урысей щIэныгъэлI, биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Сапунов Валентин. Абы къызэрилъытэмкIэ, алмэстыхэр дунейм «къытегъуэщыхьын» хуей щIэхъуам щхьэусыгъуитI иIэу къыщIэкIынущ: биологиемрэ аномалиемрэ.

Япэр зытеухуар - алмэстыр Iэмыр, псэущхьэ щхьэхуэу дунейм къызэрытехъуаращ. Абы щыхьэт техъуэ куэд щIэныгъэлIхэми цIыху къызэрыгуэкIхэми я нэгу щIэкIащ. А щыхьэт псоми утепсэлъыхьыным зэман куэд дыдэ ихьынущ, ауэ Сапуновым и Iуэху еплъыкIитIым язымкIэ, алмэстыхэр Iэмыр лIэужьыгъуэ щхьэхуэщ, цIыхухэр псэуну хуитыныгъэ зэраIэм хуэдэу, абыхэми яIэщ. Абыхэм эволюцэм увыпIэу щаубыдыр сыт жыпIэмэ, цIыхумрэ номинхэмрэ яку дэтуращ. ЕтIуанэр - эволюцэм и зыужьыныгъэм къыщыхъуа щыуагъэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ мутацэм и лъэужьу, щIыуэпсым нэджэIуджэ ищIа цIыху гупым къатехъукIыжауэ аращ алмэстыхэр. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, неандерталым и зэманым а цIыху къызэрыгуэкI дыдэхэм я акъылкIэ къулейсыз дыдэу, я теплъэкIи шынагъуэу къахэкIа зы гуп, нэгъуэщI Iэмыр къудамэщIэ къагъэщIауэ аращ. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэр къызыхэкIар а зэман жыжьэм неандерталым и хромосомхэр зыщхьэщыхуа хъуауэ арагъэнут.

Алмэстыр лъэпкъ IуэрыIуатэм къыхэщыжу хуагъэфащэ языныкъуэ щIэныгъэлIхэм. Псалъэм папщIэ, нарт эпосым узэщрихьэлIэ иныжьхэр… ЦIыху цыбэ, «мэзылI» хужаIэу, цIыхум къахэмыхьэурэ зи цIыхунагъыр зыIэщIэхуам зэрымыщIэкIэ, «алмэсты» фIамыщауэ пIэрэ?! Лъэныкъуэ куэдкIэ укъегупсыс хъунущ мы Iуэхум, щхьэж езым и Iуэху еплъыкIэ иIэжщ. Ауэ хьэкъыр зыщ - алмэстым и хъыбарыр хъыбару къэмынэжу, джын хуейщ, гулъытэ хуэщIыпхъэщ, и гъуэ нэсауи къыщIэкIынущ щIэныгъэм «дыкъыщызэгуитхъкIэ». А гъуэгур кIыхьщ икIи шынагъуэу къыщIэкIынущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэ дызэрихьэлIар иджыри къэс зыми и акъылыр здынэмыса цIыху зыужьыкIэ, цIыху лIэужьыгъуэ телъыджэщ.

ТАМБИЙ Гуащэмахуэ.
Поделиться: