Цезарь

Пасэрей Урымым и диктатор цIэрыIуэу щыта Гай Юлий Цезарь и щIалэгъуэм пиратхэм ядыгъури, зейхэм иращэжауэ щытащ. АрщхьэкIэ, Цезарь къилъытащ ар пудыIуэу зэращэжам игъэикIауэ. Хуит къэхъужа нэужь, и Iыхьлыхэм пIалъэкIэ кхъухь къаIрихри, гъэр зыщIауэ щыта пиратхэр къигъуэтри иукIащ. 
 Галл зауэм хэту, Цезарь илъэсийкIэ щыIащ иджырей Швейцариер, Франджыр, Бельгиер, Германиер, Великобританиер здэщыIэ щIыпIэхэм. Урымым къыгуигъэхьащ Антлантическэ хытIыгум щыщIэдзауэ Рейн псым нэс къызэщIэзыубыдэ щIышхуэ. 
Илъэс 16 щыхъум япэу щхьэгъусэ къишащ. Ауэ Урымым и диктатор Суллэ къыхуигъэуващ нэчыхьыр икъутэжын хуейуэ. Цезарь щтапIэ щIэпхъуэжыныр къыхихащ. ИкIэм-икIэжым ари къыхуэгъуащ. ИужькIэ абы щхьэгъусэ хуэхъуауэ щытащ Суллэ и щIэблэм щыщ бзылъхугъэ. Цезарь щэнейрэ къишащ щхьэгъусэ. 
Лавр тхьэмпэм къыхэщIыкIа щхьэфIэлъхьэр Цезарь къигъэсэбэпу къиублат и щхьэцыр икIыу щIидза нэужь. 
Къэгубжьа нэужь, Цезарь ибжу щIидзэрт латиныбзэм хэт хьэрфхэр. АпщIондэхункIэ и губжьыр щхьэщыужырти, зызэтриубыдэжырт.
«Июль» мазэцIэр Цезарь Юлий и цIэм къытекIауэ жаIэ.
Цезарь Юлийрэ Мысырым и пащтыхь гуащэу щыта Клеопатрэрэ ЦезарионкIэ еджэу къуэ яIащ.
Пасэрей Урымым илъэсыр къыщабжу щытащ гъатхэпэм щегъэжьауэ. Цезарь Юлий хэлIыфIыхьащ ар щIышылэм щегъэжьауэ къабжыным.
Гай Юлий Цезарь икIи тхакIуэт. Усэхэр, гушыIэхэмрэ щIэнэкIалъэхэмрэ, тхыдэ лэжьыгъэхэр и Iэдакъэ къыщIэкIырт. Цезарь и тхыгъэхэм ящыщхэр пасэрей урым литературэм и фIыпIэу къалъытэ. Ди зэманми абы и лэжьыгъэхэр къагъэсэбэп латиныбзэр щаджкIэ.
Цезарь яукIа нэужь, тетыгъуэр зыубыдауэ щыта Октавиан абы и цIэр езым зыфIищыжыну иужь итащ. Ауэ ар къыщIэщащ.

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: