Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я дэIэпыкъуэгъуу

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм фокIадэм и 23-м концерт щекIуэкIащ, республикэм щыщу дзэ Iуэху хэхам хэт щIалэхэм ядэIэпыкъун мурадкIэ.
Концертыр ягъэдэхащ республикэм и районхэмрэ къалэхэмрэ я уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ гупхэм. Абы Хэкум теухуа уэрэдхэр щагъэзэщIащ, усэхэм къеджащ. КъищынэмыщIауэ, гукъыдэж зиIэхэм зауэлIхэм письмохэр хуатхащ. Абы хыхьэу ныбжьыщIэхэм къэрэндащ зэмыфэгъухэмкIэ сурэтхэр ящIащ. Ахэр дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм мыгувэу хурагъэшэнущ, зыхуеину шхыныгъуэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ я гъусэу. 
Абдежым IэпщIэлъапщIэхэм мастер-класс щхьэпэхэр ятащ, дзэ Iуэху хэхам щыIэхэр зыхуеину хьэпшыпхэр гъэхьэзырынымкIэ. КърихьэлIахэм Iэмал яIащ дзэ техникэхэмрэ Iэщэхэмрэ къыщыхьа макетхэм еплъыну. Концертым къыхэкIа ахъшэр хухахынущ дзэ Iуэху хэхам хэт щIалэхэр зыхуейхэр хурагъэшэным.
Зэхыхьэм хэтащ Скадовск къалэм къикIа ныбжьыщIэхэр, властым, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, волонтёрхэр, еджакIуэхэр, студентхэр, къалэдэсхэр. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: