«Дыгъужь шыр»

Серебряковым  къагъэтIылъыжар къищтэри, Арслан хуишиижащ. ЩIалэ цIыкIум ар зэрыIэрыхьэжу гъущIыр и Iупэм иригъэIусэри, къезытыжам щхьэщэ хуищIащ.
- Дыгъужь шыр нэсщ, - жиIащ Рябовым, абы и зыIыгъыкIэм хьэщыкъ зэрищIар нэрылъагъуу, - зыуи къыпщымыхъуу бийм и увыIэпIэм уихьэн жыхуэпIэр… Хьэуэ, сэ игъащIэкIэ къызгурыIуэну къыщIэкIынкъым къуэкIыпIэм щызекIуэ хабзэхэр.
- Хуеймэ, ди гупым къыхренэ - Серебряков и нэр триубыдэри еплъащ гъэрыпIэм къришам - и гур зэуэ кIэрыпщIат а щIалэ цIыкIум.
 Сыту фIыт ар зэремыщхьыр Воронцовым кърита эполетхэр зыгъэпIий, жэщыр хъуамэ, къыщIэкIын шынэу, зи унэ-быдапIэм щIэс и адэ къуэшым.
- ГурывгъаIуэ, ди гъусэу къанэми, езыр щыхуей дыдэм тхэкIыж зэрыхъунур…
- Капитан Иохиль, зекIуэ тхылъым итхэ иджыпсту мыбдежым щекIуэкIа псори…
Лъэмыж кIэрыщIамкIэ Чхалту псы уэрым зэпрыкIыу, аузым и джабэ къыр мывалъэм кIэрыхьа нэужь, куэд дэмыкIыу мэз тафэм ихьащ. А щIыпIэм зэреджэмкIэ тэрмэшыр Арслан щеупщIым, «Адзгъарэ», къажриIащ, гъэщIэгъуэну  Iум куууэ къипсэлъыкIыу.
 ЦIыхум и лъэр щытемыува, щхъуантIагъэ мыухымрэ уэс мыткIужымрэ щызэгъусэ, мывэ домбейхэм къакIэщIэкIуэсыкIым, зэрыубыдыжурэ, уэр хъуа псыр, лIэщIыгъуэ псо зи ныбжь жыгыжьхэр игъэкIэрахъуэу, аузыр къыщызэпхичыр… Сыту зэщхьыщэт Iум къиIукI я бзэмрэ зыри зыпэмылъэщ а я щIыуэпс хъыжьэ Iэлымрэ.
Гуп зэкIэлъхьэужьым, гъунэгъу дыди захуимыщIыщэу, ябгъурыту кIуэрт Арслан. Щымт ар, къызэреупщIымкIэ кIэщIу жэуап яритырт, езыр зыми щIэупщIэртэкъым. Серебряковри щэхуу кIэлъыплъырт щIалэ цIыкIум бэшэчагъыу хэлъымрэ и зыIыгъыкIэмрэ. Бгырыс фочауэхэм ябзыщIыртэкъым абы дзыхь зэрытрамыщIэр: зэм зыр, зэм адрейр сатырым къыхэкIыурэ, Маршани Арслан и хъуреягъыр къауфэрэзыхьырт. ЩIалэ цIыкIур абыхэм яхуеплъэкIыххэртэкъым - и щхьэр мыхъейуэ а зэрыкIуэм хуэдэт, и Iупэ зэтрикъузэр зэрыхэлъэтыр плъагъуу. 
- ЗыкIи згъэщIэгъуэнукъым, щхьэдэхыпIэм дыщынэблагъэм а абрэджым и цIыхухэр къыщытпэувкIи, - щIалэ цIыкIум ней нейуэ хуеплъэкIащ полковник Карлгоф, - къызэрыджаIамкIэ, абы и «сэшхуэхэр» мин ныкъуэм ноблагъэ…
- ПэжынкIи мэхъу… дауи… Санкт-Петербург и Александровскэ жыг хадэр нэхъ шынагъуэншэт.
- УримыхьэжьэIуауэ пIэрэ, капитан? - и дзэр къыхузэригъэшхыу и шым щIэрыIэри, ипэ ищащ Карлгоф. Капитаным и щхьэр къиIэтыххакъым. 
Бгыхэм зэрахабзэу, а нэIэрыкум пшэр къытрихуэри, уэшхыр къыщиудащ.  Куэдри къешхакъым ар, ауэ а мащIэри хурикъуащ, дэнэкIи къыщыщIэж псынэхэм арыншами гъущыпIэ зрамыт щIыр, лъэр щызэщIумыхыфу. ПсыIагъэм игъэуфIыцIа мэз кIыфIт нэм къиплъыхьыр, уэлбанэм ириудауэ дэнэкIи щызэтелъ жыгыжьхэм я къудамэ къуабэбжьабэ зэщIэпIиехэм блэкIыпIэ къуамыту.
Гупым абыхэм ихъуреягъкIэ къыпакIухьу, яIыгъ картэм къыщыгъэлъэгъуа гъуэгуанэм техьэжын хуейт. Серебряков щхьэхуимыту зэгупсысыр а щIыпIэм зэгуэр гъуэгу щызыухуэнухэм къапэплъэ гугъуехьхэрт. Ар зэраухуэнум шэч къытрихьэртэкъым  - ар хы ФIыцIэ Iуфэм икIыу Псыжь нэс кIуэ гъуэгу нэхъ кIэщI дыдэт.
КIуэху мэзыр нэхъ цIырхъ, нэхъ егъэзыхыгъуэ хъурт, жьы щIыIэбжьыр, щIымахуэм къызэрыкIэрыху щымыIэу, нэгум къеуэрт. Махуэ еплIанэм абыхэм къалъэгъуащ рододендроным щIиуфа бгы лъапэ ехым адкIэжкIэ екIуэкI мывэ сыджхэм къакъуэщ Марыхъу. Лъагэу хэIэтыкIа щыгум нэмысыфа пшэ Iэрамэхэр абы и зэхуэдитIым щызэхэзекIуэрт. Абдежым макъ лъахъшэ хьэлъэ къэIуащ, и джэрпэджэжыр къырхэм хигуашэу.
- Уафэгъуагъуэ уэшхыу ара? - къэщтауэ зиплъыхьащ поручик Абрюцкэм.
- Уэсукхъуэщ, - жиIащ тэрмэшым, и макъым зримыгъэIэту.
А макъ хьэлъэмрэ, жьы борэным хуэдэу, зэкIэлъхьэужьу кIуэ гупым къатегуплIа гулэгущтагъэмрэ Серебряковым и нэгум къыщIигъэхьэжащ хы ФIыцIэ эскадрэм и десантхэр япэу Кавказым и Iуфэм щыщетIысэха 1838 гъэр...
Марыхъу дэкIын ипэ гупыр абдежым къыщызэтеувыIащ, нэху къыщекIыну. ПщыIэ ягъэувахэм жьыр къакIуэцIыпыджэрт, ар ткIийуэ зэрашэщIа кIапсэхэм жьэхэуэху, щIэфиихьыжу. Гъунэгъу зыхуэхъуа къуршым жьыбгъэ уаер къариутIыпщырт, ящIа мафIэри щIэткIукI-щIэсыкIырт - хуиту къахузэщIэнэртэкъым. Нэгу къыщIэгъэхьэгъуейт сажнищэкIэ нэхъ пэмыжыжьэу хым и толъкъун хуабэхэр Iуфэм щрикIэкIыр, жызумейхэмрэ удз дэжей дахэхэмрэ зэгъэкIэкIа унащхьэ теупIэщIахэм ятепсэ дыгъэ бзий гуащIэхэр…
Iугъуэмэ гуакIуэ зыщыу мэлылрэ хьэлурэ  къэлътмакъхэм кърахри, тIэкIу едзэкъэну етIысэкIахэщ. Гупыр ешат. Серебряковым щIакIуэр зришэкIащ - игу къыдэжыртэкъым. Иджыт ар и ныбжьым егупсыс щыхъуар. Нэхъапэхэм цIыхум и ныбжьыр зэрыхъур езым зыкъызэрыщыхъужым хуэдизут. Абы шэч къытрихьэ зэрыхъуам мащIэу игъэнэщхъеят ар.

ЗэзыдзэкIар ЛЪОСТЭН Музэщ.
Поделиться: