Дэнэ япэу къыщежьар?

Тхыдэм и зы плIанэпэ

Нобэ письмо зытхи ахэр зэхуезыгъэхьи щыIэжкъым, ауэ цIыхум я гум хуабэу къонэж блэкIа псори. Письмохэр егугъуу ятхырт, я гум гуапагъэу илъыр псалъэуха къэс зэрыхалъхьэным хэту. Ар къащыIэрыхьэным пэплъэр дапхуэдизт, пощтзехьэр къыщыкIуэнур къахуэмыгъэсу. Ахэр зыдэлъ конвертхэми мыхьэнэ иратырт. Къэралым щагъэлъапIэ махуэшхуэ къэс абыхэм я теплъэр яхъуэжырт, а ягъэлъапIэм и зы теплъэгъуэ къыхэщу. Псалъэм папщIэ, илъэсыщIэ письмоулъэхэм псей къудамэ гъэщIэрэщIа, ЦIыхубзхэм я махуэ гъатхэпэм и 8-м - удз гъэгъа Iэрамэ, Совет Армэм и щIыхьыр щагъэлъапIэ мазаем и 23-м - Iэщэ зыIыгъ сэлэт, н.къ. тетт. Конвертхэри абыхэм дэлъ письмохэри хуэсакъыпэу яхъумэрт, аращ абыхэм ящыщ куэд иджырей къыщIэсари.

Тхыбзэр япэ дыдэу къыхэзыхьа шумерхэм къагупсысащ письмоилъэхэри. Къагъуэтыжахэм я нэхъ жьы дыдэхэр ди эрэм ипэ 3500 - 3200 гъэхэм хеубыдэ. Ижь-ижьыж зэманым Месопотамием щыпсэухэр зытетхыхьу щытар быдэу ягъэгъуа ятIэ упIэщIахэрщ. Тхыгъэр хьэзыр хъуа нэужь, ар ятIэ цIынэ пIащIэм кIуэцIашыхьырти, письмор зыхуаутIыпщам и цIэр тратхэрт. Апхуэдэ письмом укъеджэн щхьэкIэ, ятIэ конвертым къыкIуэцIыхын хуейт. Апхуэдэ конвертхэм щахъумэрт мыхьэнэ зиIэ, хабзэр хъумэным ехьэлIа (юридическэ) дэфтэрхэри. Абы и щIыIум тратхэрт ар зытеухуам щыщ псалъэ зыбжанэ, адрейр къыкIуэцIахыну щыхуитыр Iуэхур суд пащхьэм щынэсам дежт. Апхуэдэ письмохэр нобэ щахъумэ дуней псом тхыдэ фэеплъу тетым я нэхъыбэр зэзыхьэлIа Ватиканым и музейхэм - ар Вавилоным щатхат ди эрэм ипэ XIX-XVI лIэщIыгъуэхэм.

Ди эрэм и II лIэщIыгъуэм Китайм къыщагупсысащ тхылъымпIэр. Ар къызэрагъэсэбэпыр зыгуэрхэр кIуэцIалъхьэут. Ауэрэ абы къыхащIыкIа письмоулъэхэм хущхъуэгъуэхэр, гъуджэхэр, нэгъуэщI хьэпшып цIыкIуфэкIухэр далъхьэурэ, нэгъуэщI щIыпIэхэм яутIыпщу хуежьащ.

Европэм письмохэр зэтрагъапщIэу щыщIадзар XVII лIэщIыгъуэрщ. Абдежым щегъэжьауэ дуней псор къакIухь хъуащ конвертым дэлъ письмохэм: къыдагъэкI газет, тхылъхэри куэд хъуат, ахэр щIыпIэ куэдым нагъэсын хуейуэ. Абы къыхэкIыу конвертхэм щIэупщIэшхуэ яIэ хъуат. Ахэр къызэрыщIагъэкI япэ Iэмэпсымэр 1850 гъэм къагупсысащ астроном Де Ла Рю Уорренрэ IэщIагъэлI Хилл Эдвинрэ. Иужьрейр и къуэшт пощт маркхэр къэзыгупсыса, Британием пощт IуэхутхьэбзэмкIэ и IэнатIэхэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр хэзылъхьа Хилл Роуленд.

Британием щыщ Грин Арнольд Джеймс 1850 гъэм къигупсысащ зэтебгъапщIэ хъу конвертхэр къызэрыщIагъэкI автомат Iэмэпсымэр, ауэ абы щIэупщIэшхуэ иIакъым, Свифт зэкъуэшхэм, Генрирэ Ди Уилеррэ, иужькIэ а машинэр езыгъэфIэкIуа зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэху. Абыхэм я къэхутэныгъэр дэфтэркIэ щIагъэбыдауэ щытащ 1876 гъэм. Абдежым къыщыщIидзащ нобэм къэса письмоулъэхэм я гъуэгуанэм.

Письмохэмрэ конвертхэмрэ къэунэхури, гъащIэм лъэ быдэкIэ къыхыхьащ, мардэ пыухыкIам тету икIи жэуаплыныгъэ хэлъу ахэр зезыгъэкIуэн пощт зэпыщIэныгъэр. XVI лIэщIыгъуэм япэ пощт IуэхущIапIэр Рим империем къыщызэIуахащ. Абы лъандэрэ пощт IуэхущIапIэхэр дунейм и плIанэпэ нэхъ пхыдза дыдэхэми щыIэщ. Абыхэм ящыщ языныкъуэхэм нэхъапэм мащIэу дыфхутепсэлъыхьат. Фигу къэдгъэкIыжынщ, пощт IэнатIэ нэхъ цIыкIу дыдэр Америкэм и Штат Зэгуэтхэм и Эверглейдс шэдылъэ щIыпIэм пэгъунэгъу къуажэ цIыкIум зэрыдэтыр. Абы и инагъыр зэрыхъур метр зэбгъузэнатIи 5-щ. Абы зы пощтзехьэ закъуэ щIэсу аращ, къуажэм щыпсэухэр зэрыхъур цIыху 11-щ. Абы еплъыну турист куэд къокIуэ, а щIыпIэм благъуэхэр зэрыщыкуэдым емылъытауэ. Апхуэдэу пощт тетщ дуней псом щынэхъ лъагэ Эверест бгы щыгум. Ар мэлажьэ альпинистхэр нэхъыбэу а щIыпIэм щыкIуэ мэлыжьыхьыхьым къыщыщIэдзауэ шыщхьэуIум нэсыху. 1939 гъэм Канадэм и Оттавэ, 1920 гъэм Польшэм и Гданьск, Ирландием и Дублин, Индием и Калькуттэ, Тайваным и Тайбей къалэхэм щащIа пощтхэм я хэщIапIэхэм я архитектурэ гъэпсыкIэхэр щыIэм я нэхъ дахэхэм нобэ хабжэ. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэнращи, Европэм и къэралхэм иджыпстуи письмохэр IэщIыб ящIыркъым, яфIэфIу цIыхухэр зэхуотхэ.

ЛЪОСТЭН Музэ.
Поделиться: