ГъащIэ узыншэм къыхураджэ

Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и ЩIалэгъуалэ советым хэтхэм КъБКъУ-м и медицинэ колледжым и студентхэм драгъэкIуэкIащ наркотикхэкIхэр зэхьэлIэным, игъэкIыным узыхуишэ ныкъусаныгъэм,   узыншэу упсэуным  мыхьэнэшхуэ зэриIэм теухуа псалъэмакъ щхьэпэ.

ЗэIущIэм гулъытэ хэха щыхуащIащ къытщIэхъуэ щIэблэр хьэл мыхъумыщIэхэм пэIэщIэ щIыным,  къыхагъэщащ наркотикхэм, фадэм хьэщыкъ зумыгъэщIыныр  зэрынэхъыфIыр, абыхэм пыщIа узыфэхэр бгъэхъужыныр зэрынэхъ гугъур. 
Студентхэм жраIащ цIыхум и Iэпкълъэпкъри езыри зэтезыкъутэ наркотикым уимытхьэкъун папщIэ зэрызыIыгъыпхъэр, я цIыхугъэхэм е ныбжьэгъухэм абы зратамэ, дэIэпыкъуэгъу щхьэкIэ зызыхуэбгъазэ хъунум.  
Акцэм хыхьэу УФССП-м и лэжьакIуэхэм блэкIхэм хуагуэшащ автомашинэм трагъапщIэ «Сэ гъащIэр къыхызох!» жиIэу зытетха тхылъымпIэ цIыкIухэр. 

Бахъсэн Азэмэт.
Поделиться:

Читать также: