ЯпэщIыкIэ ди дежт къыщежьар

Москва Ломоносовым и цIэр зэрихьэу дэт университетым и Ботаническэ хадэм хэтщ «Аптекарскэ хадэ цIыкIукIэ» зэджэр. Абы щIэх-щIэхыурэ щрагъэкIуэкI щIым телэжьыхьхэм я гуащIэдэкI телъыджэхэр щагъэлъагъуэ выставкэхэр, иджыблагъэ къызэIуахар, зытеухуар Урысейм къыщагъэкIа къэб нэхъ ин дыдэхэрщ. Выставкэр егъэкIуэкIынымкIэ жэрдэмыр илъэс зыбжанэ ипэкIэ къыхилъхьауэ щытащ къэралым и хадэгъэкI цIэрыIуэ Чусов Александр. Абы иджыблагъэ бжьыпэр щызыубыда къэбитхум я нэхъ иным килограмм 500 и хьэлъагъщ. 
- Къэбхэм я жылэр нащэм ейм нэхърэ нэхъ инкъым, ауэ апхуэдизу ин щIэхъуар зэрегугъуарщ: зыхуей хуэзэу ягъэхьэзыра щIым хэлъщ щIыгъэпшэр, биогумус пкъыгъуэхэр, хьэуазэ… арати, къэбыр къэмыувыIэжу хэхъуэу щIидзащ. Абы елэжьахэм зэрыжаIамкIэ, а къэкIыгъэ лIэужьыгъуэм зы махуэм хуэзэу килограмм 20-м нэс хагъэхъуэфынущ. Къэбым и фIагъыр зыхуэдэм цIыхухэр еплъащ махуитI ипэкIэ - фокIадэм и 24-м: къэб IыхьитI къэс зыр гъэлъэгъуэныгъэм къекIуэлIахэм, етIуанэр зоопаркым ис псэущхьэхэм хуагуэшащ.
Къэб абрагъуэхэм гу лъыдмытэнкIэ хъунт, илъэс куэд ипэкIэ а къэб телъыджэлажьэхэр ди щIыналъэм къыщагъэкIауэ дымылъэгъуамэ. Ди республикэм фIыкIэ зи цIэ къыщраIуэу иса щIэныгъэлI гъуэзэджэхэм ящыщт Къэбэрдей-Балъкъэрым бгылъэ щIыпIэхэм къыщыкI къэкIыгъэхэмкIэ и институтым и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьа Тембот Аслъэнбий. Абы и къэпщытэныгъэхэр щригъэкIуэкIыу щIыпIэ куэд зэриIэм дыщыгъуазэт, ауэ псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэн тщыхъуар езыр зыщалъхуа Псынэдахэ щиIыгъ уней хадэм къыщигъэкIхэрт. ЦIыхумрэ щIыуэпсымрэ я зэхущытыкIэхэм, зэман дэкIмэ, ягъуэтынкIэ хъуну зэхъуэкIыныгъэхэм къытхутепсэлъыхьа нэужь, абы и хадэм дришэри, дигъэлъэгъуащ къэб домбей зыбжанэ. Ахэр нартыху хадэшхуэм къыхэмыщу хэтт. ЖыпIэнурамэ, абыхэм я инагъым уIуигъэщтырт.
ЩIэныгъэлIым къыджиIауэ щытащ, ахэр пшхы хъунрэ мыхъунрэ иджыпстукIэ къызэримыхутар. Къэбхэр зэрыиным имызакъуэу икIи дахащэхэт, плъыжь-гъуэжьыфэ къыщIыхьэу. Ар къыщыхъуар I999-2000 гъэхэрщ. Аслъэнбий жиIэгъат зэкIэ апхуэдэ къэб зыщIыпIи зэрыщымыIэр. Гуапэщ абы и гуащIэдэкIым и лъэужьыр зэрымыкIуэдар, ар нэгъуэщI щIыпIэуи щрырети. Дауэ мыхъуми, ахэр цIыхухэми яшх зэрыхъунур къахутащ. Нэхъапэхэм щыIар «адыгэ къэбхэм я закъуэщ». Ахэр интэкъым, хьэлыуэт, IэфI ямылейуи щыттэкъым. «Урыс» къэбышхуэхэри щыIащ, лъэхъцыр ибэрэ икIи псыIэу. Ар Iэщхэм ирагъэшхырт. Иджыпсту ди тыкуэнхэм къэб лIэужьыгъуэу щIэмылъ къэгъуэтыгъуейщ, нэгъуэщI къэрал куэдым я къэб жылэхэр къаIэрыхьэ зэрыхъурэ. 

Жанхъуэт Зузэ.
Поделиться:

Читать также: