ЩIэныгъэм и лъабжьэр ягъэтIылъ къудейкъым

Налшык дэт курыт школ №33-м и гупэм деж къыщызэIуахащ ЕгъэджакIуэм и фэеплъ. Ар ирагъэхьэлIащ ЕгъэджакIуэм и махуэм. ГуфIэгъуэ пэкIум хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Налшык къалэ администрацэм и лIыкIуэхэр, министрхэр, депутатхэр, республикэм и нэхъы­жьыфIхэр, егъэджэныгъэм и ветеранхэр, егъэджакIуэхэр, журналистхэр. Школ гупэм щагъэувыну скульптурэр къыхахын папщIэ абы и проектхэм щызэхуеплъа зэпеуэ щрагъэкIуэкIащ республикэм. Абы щытекIуа скульптор Уэрэзей Аслъэн и IэдакъэщIэкIыр Налшык зыгъэдахэ фэеплъхэм ящыщ зы хъуащ. 

ЕгъэджакIуэм и фэеп­лъыр къызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбекрэ педагогикэ лэ­жьыгъэм и ветеран, РСФСР-м цIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ и отличник, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIэрашэ Нинэрэ. 
ГуфIэгъуэ Iуэхум хэтхэм, егъэджакIуэхэм псалъэ гуапэкIэ ­захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащ­хьэ КIуэкIуэ Казбек. 
- Ди нэхъыжьыфIхэ, ди ныбжьэгъухэ! Егъэджэныгъэм зи гъащIэмрэ зи гуащIэмрэ те­зыу­хуахэм сынывохъуэхъу фи махуэмкIэI ИпэжыпIэкIэ, нобэ махуэ лъапIэщ. Псом япэу догъэлъапIэ, фIыщIэ яхудощI, я щIыхьыр доIэт ди япэ егъэджакIуэхэм. Адэ-анэхэм яхуэ­дэщ щIэныгъэм лъэбакъуэ хы­дэзыгъэча егъэджакIуэфIхэр. ЦIыхубэм я гъащIэм егъэджа­кIуэм щигъэзащIэ къалэным­-рэ щиIэ мыхьэнэмрэ къэп­лъытэну гугъущ. ЕгъэджакIуэм щIэныгъэм и лъабжьэр игъэ­тIылъ къудейкъым, атIэ са­-бийм и хьэл-щэныр епсыхь. Абы псом хуэмыдэу мыхьэнэ иIэщ нобэ, дуней псор лъэпощхьэпо зэхуэмыдэхэм щы­пэщIэувэ зэманым. Егъэджа­кIуэ лъапIэхэ, дыгъуасэ фэ гъэсэныгъэрэ ущиерэ зэфтахэм, евгъэджахэм нобэ ди ­Хэкур яхъумэну къахуихуащ. Егъэ­джакIуэм и фэеплъыр къы­зэIутхыныр фи пщIэмрэ  фи щIыхьымрэ зэрыдгъэлъапIэ зы Iэмалщ. Мыр я фэеплъщ 20 - 30 гъэхэм я унагъуэхэр ящIыгъуу Къэбэрдей-Балъкъэ­рым егъэджэныгъэр, экономикэр, псэукIэр къаIэтын папщIэ къэIэпхъуауэ щытахэми. Псоми фощIэ, ди къэралым и Пре­зидент Путин Владимир 2023 гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIа­кIуэмрэ я илъэсу зэригъэувар. Ди республикэм мы гъэм фэ­еплъыр къызэрыщызэIутхари нэ­щэнэ дахэщ. Тхьэм фигъэпсэу! - жиIащ Iэтащхьэм. 
- ЕгъэджакIуэхэм си гуапэу сынывохъуэхъу фыузыншэу, IэнатIэм щIэщыгъуэ хэфлъхьэу, IэщIагъэм гукъыдэж къы­хэфхыу, еджакIуэ цIыкIухэм я зэфIэкIхэмрэ ехъулIэныгъэ­хэмрэ фыщыгуфIыкIыу фылэжьэну! Налшыки, республикэри, къэралри зэрыгушхуэн цIыху еджа куэд диIэну Тхьэм жиIэ! ФIыщIэ ин хузощI егъэджакIуэм и щIыхькIэ фэеплъ гъэувыныр зигу къэкIахэми, ар дэзыIыгъахэми, зи Iэдакъэ къыщIэкIами, нобэрей зэIущIэ дахэм зыкърезыгъэхьэлIахэми. ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм хэлъщ гуапагъэрэ псэ хуабагъэрэ, - жиIащ КIэрашэ Нинэ. 
ГуфIэгъуэ пэкIум къыщыпсэлъащ Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ, IэщэкIэ ЗэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я Налшык къалэ советым и тхьэмадэ Абдулаев Мустэфа. 
- Урысейм и махуэшхуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ ЕгъэджакIуэм и махуэр. Мы дунейм IэщIагъэ нэхъыщхьэ дыдэу тетыр егъэджакIуэм ейрщ. ИгъащIэ лъандэрэ апхуэдэу къызолъытэ. Хэку зауэшхуэр къэзызэуар егъэджакIуэщ, фи фIэщ фщIы!Сыту жыпIэмэ, зауэ лыгъэм Iэщэ зыIыгъыу  Iухьахэр хэкупсэу зыгъэсар егъэджакIуэхэрщ. 
Сэ фIыщIэ сощI курыт еджапIэхэм щIэх-щIэхыурэ сызэ­рырагъэблагъэм, еджакIуэ цIыкIухэм сызэрыIуагъащIэм папщIэ. Ахэр зыщIэс классым илъэс 90 си ныбжьу сыщIыхьэми, сыкъыщыщIэкIыжым деж илъэс 50 фIэкIа сымыхъуу къысщохъу. Апхуэдизу щIалэ сыкъащIыж апхуэдэ зэIущIэхэм, щIалэгъуэм и къарур къызоIэзэ, сепсыхь. Школхэм гуапэу къыщытIуощIэ егъэджэныгъэм и лэжьакIуэхэр, «лIыхъужьыгъэм и дерсхэр» едгъэкIуэкIыну дыкIуа нэужь. НыбжьыщIэ цIыкIухэм я нэм дыщIэплъэу ягурыдогъаIуэ къэкIуэнур езы­хэм зэрелъытар, хьэл-щэн дахэ зыхалъхьэн зэрыхуейр. 
Республикэм и Iэтащхьэми, егъэджэныгъэм зи гуащIэ хэзылъхьэ къулыкъущIэхэми фIыщIэ ин яхузощI къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ щыIэ школхэр зыхуей зэрыхуагъазэм, щIэ­хэри зэраухуэм щхьэкIэ. Сабийхэм щIэныгъэм зратыным теухуауэ къызыхуэтыншэхэщ нобэ. Дэ дыщеджэм тетради шакъэи диIэтэкъым - кIэгъуасэкIэ дытхэрт. 
Узыншагъэ, ехъулIэныгъэ, насып Тхьэм къывит! - жиIащ абы. 
ГуфIэгъуэ пэкIум хэтхэм ЕгъэджакIуэм и фэеплъ къызэIуахам удз гъэгъахэр тралъхьащ. 
 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: